Уэзы Мураткlэ зэджэри щlалэ фlыцlэ къуэгъукъэ (уой).
Шы гъурым тесри (уой маржэ) гъусэ пхуэхъункъым (уой).
Гумкъалэ губгъуэми (уой маржэ) Мурат щозауэрэ (уой).
Щlылъэр къэмыщтэмэ (уой маржэ) Мурат къэщтэнкъым (уой).
Тет пристафри (уой маржэ) Мурат кlэлъопхъуэрэ (уой).
Бгы пхъуантэ быдэми (уой маржэ) хахуэр дохьэжыр (уой).
Уэ уи ижэгъухэри (уой маржэ) жейми къыпхуоскlэ (уой).
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2