Къэбэрдеишхуэу уэркъышхуэ жылэ,
Мэзкуум и жылэр мэзэрызохьэ,
Къэралыр зезыхьэм ищlыр къызыхуашэ.
Бийм щымышынэхэр абы къыхуалъыхъуэ,
Дэ елъыхъу дамыгъэхэр зыхуэдывгъэгуэш,
Шагъдийм и бланэмкlэ зыхуэдвгъэхуапэ.
Лlы напэ зиlэм зыригъэтхынщ,
Кlэзетыр щатхкlэ дищхьэр дижагъуэщ,
Железнэ гъуэгур бийм яlэрохьэ.
Бийм яlэрыхьахэм дэ дыронэщхъей,
Писмо нэщхъейхэр Кавказым къахь,
Хэкум къахьа тхылъхэр жылэм къытхуагуэш.
Къэбэрдей шу мащlэр шууищэ уасэщ,
Арысэишхуэр абы къыщlоупщlэ,
Зищхьэ щlэупщlэжхэм нобэ я нэсыпщ.
Японым и зауэм Кlэрэфыр хокlуадэ,
Ар кlуэдыпlэ бзаджэт, жылэ гъэунэхъут,
Ар кlуэдыпlэ бзаджэщ жыфlэу фэ фыщымышынэ.
Хъерым дызэреплъыр ар къызыбгъэдэкl,
Зыпхуедгъэукlынкlэ укъыдогъэгугъэ,
Дианэхэр къыткlэлъыгъыу жанхэр дыздошэс.
Дэ дынызыхуашэ гущэр ар мэршынэрыуэщ,
Дэ дызыхуагъасэри ар фочзакъуэрыуэщ,
Бийм хуагъэсами дэ захедгъэтхат.
Нобэ дэкl шу мащlэм фэ фахуэмыусэ,
Писмо къэдмытхым фынэмыгугъэ,
Натlэм къыритхами lэмал имыlэ.
Лlыгъэ иритщlэну шагъдийхэр догъэпс,
Дипсэм демыблэну быдагъэ зыдощlылlэ,
Гукъеуэшхуэ зиlэр иремыхъуапсэ.
Ди гъащlэ lэфlыр напэкlэ дощэ,
Димыlэм дещэу зауэм дымыкlуэ,
Зауэм дымыкlуэм дэнэ дыздэкlуэнур.
Дэ ди лlыщlыгъуэм дунейр къызэlохьэ,
Старшынэу яубыдым дамэлей къытокlэ,
Гъуом янэхъыкlэу зегъэадакъэхъу.
Пасэрей Хабзэу унафэ щыlэжкъым,
Иджырей щlалэхэм ящхьэ ягъэджыджэ,
Яадэр къакlэлъыджэу къыхуамыгъазэ.
Лъэпкъым ямыхабзэу щхьэцыр ягъэкl,
lуэху къалъыкъуэкlым хуабэ тхьэрыкъуэфщ,
Лlым ищlа унафэр фызым екъутэж.
Щlы тlэкlуу диlэм и гъунапкъэр къавэ,
Явыр ягъэшхэнумэ ди мэкъум къыхапхэ,
Къитхъым къыфlах бзаджэр ди мэшым къыхадзэ.
Иджырей щlалэхэм ирагъэлей,
Зы сомкlэ лейри дяпщэкlэ макlуэ,
Япон зауэм кlуэныр абы къыхыдох.
Зищхьэ хэзыхыжым и насып lыхьэщ,
Дэ емынэ lыхьэм хьэщlу дыныхуашэ,
Зауэм дыщыlуашэкlэ екlэ дыхуахуапэ.
Дияпэ къихуахэр джаур хьэдэ мэхъур,
Пщащэм и дахэхэр хэкум къыдогъанэ,
Дианэхэр къыткlэлъыгъыу япон зауэм дашэ.
Кабардинская песня об том как Кавказ начал помогать России еще тексты
Перевод Translate.vc
Другие названия этого текста
- (Русско-японская война) - Япон зауэм и уэрэд (Кабардинская песня) (3)
- Песни о русско-японской войне - Япон зауэм и уэрэд (Кабардинская песня) (0)
- Кабардинская песня об том как Кавказ начал помогать России - Япон зауэм и уэрэд (0)
Сейчас смотрят
- Кабардинская песня об том как Кавказ начал помогать России - Япон зауэм и уэрэд
- Я ехала домой - Пелагея
- Ноггано - Гружённый объебошенный бомбардировщик, Раствор мощный плюс план вдогончик, Жую пончик, глянцую Балтикой-девяткой, Захожу на посадку, присыпаю сладко.
- BIFFGUYZ.COM/ BIFFGUYZ - Меня все телки любят)))наташка супер))лол
- Любовь Радио - Хороший День
- Wada Kouji - Butterfly 100th version
- Tenkorr - Потерять себя
- Black Attack - Князь Игорь
- Юлия - Да, несомненно, мы во многом были не правы, А может не судьба, а может, не было любви! Я может и дитя, но не заплачу ни за что, закрылась эхом дверь, хоть не легко
- Simian - Skin
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2