Жан къыдэнэжа и уэрэд
Автор песни Доган Кушха
1.
Молэхэ я щlалэм нащхьэ къысхуещlыри,
Молэхэ я щlалэм нащхьэ къысхуещlыри,
Нащхьэкlэ мы сигур димыхьэхыфын,
Нащхьэкlэ мы сигур дихьэхауэ щытми, уэрэйдэ, сэрмахуэ,
Молэхэ сокlуэри, Шыкуэхэ къонэри, уей.
2.
Шыкуэхэ я щlалэр щlалэ къамылыфэщи,
Шыкуэхэ я щlалэр щlалэ къамылыфэщи,
И фэм къеlуатэри щlалэ щэныфlэщи,
Шыкуэхэ я щlалэр щlалэфlыу щытми, уэрэйдэ, сэрмахуэ,
Шыкуэхэ сокlуэри, Мэрзейхэ къонэри, уей.
3.
Мэрзейхэ я щlалэр щlалэ зэкlужтэкъэ,
Мэрзейхэ я щlалэр щlалэ зэкlужтэкъэ,
Къафэжьым дыздекlуу дыкъызэдофэкl.
Сыдэкlуэм зэкlужу дыздэпсэуфынут, уэрэйдэ, сэрмахуэ,
Мэрзейхэ сокlуэри, Куэшийхэ къонэри, уей.
4.
Куэшийхэ я щlалэм хабзэр зэрехьэри,
Куэшийхэ я щlалэм хабзэр зэрехьэри,
lэзагъэ хэлъурэ дахэу мэуэршэр,
Уэршэрым мы сипсэр сlэпихауэ щытми, уэрэйдэ, сэрмахуэ,
Куэшийхэ сокlуэри, lэгуейхэ къонэри, уей.
5.
lэгуейхэ я щlалэр псынщlэрыкъафэщи,
lэгуейхэ я щlалэр псынщlэрыкъафэщи,
Къэфэну къытехьэм щlыгур егъэсыс.
Сыдэкlуэм сытхъэжу сигъэпсэуфынут, уэрэйдэ, сэрмахуэ,
lэгуейхэ сокlуэри, Шыпшхэ къысфlонэри, уей.
6.
Шыпшхэ я щlалэри щlалэ щlэращlэти
Шыпшхэ я щlалэри щlалэ щlэращlэти
Щlагъыбзэ хэлъурэ хъыбар къысхуеlуэху.
Хъуэрыбзэ дахэкlэ сэ сыдихьэхами, уэрэйдэ, сэрмахуэ,
Шыпшхэ деж сокlуэри, Къущхьэхэ къонэри, уей.
7.
Къущхьэхэ я щlалэм уэрэд зэхелъхьэри,
Къущхьэхэ я щlалэм уэрэд зэхелъхьэри,
Сызыхилъхьэ щымыlэу фlыщэу сыкъелъагъу,
Къущхьэхэ я щlалэм фlыщэу сыкъилъагъуми, уэрэйдэ, сэрмахуэ,
Къущхьэхэ сокlуэри, адрейхэр къонэри, уей.
Къущхьэ Тыгъуэн еще тексты
Перевод Translate.vc
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 3