Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Къэрдэнгъущ1 Зырамыку - Андемыркъан и уэрэд | Текст песни и Перевод на русский

Андемыркъанри,
Уойрэ, Тенджыз тlуащlэ гущэмэ къыщалъху,
Шышэр и lуст, Андемыркъаныр къыдокlыр!

Пщlэгъуалэ кlэщlыр,
Уойра, Андемыркъаным хуагъафlэ,
Афэхум и быдэр Андемыркъаным щатlагъэ!

Бгъэшхуэр тохуарзэри,
Уойрэ, Андемыркъаныр, атlэ, ныдехыр,
Щlылъэм къыщехкlэ джатэпэ-бжыпэкlэ къыlахыр!

Къэбэрдеищlмэ,
Уойрэ, Андемыркъаныр, атlэ, щызоуэ,
И адэм и унэм Андемыркъаныр мэкlуэжыр!

Жэрыбэм хохьэри,
Уойрэ, пщlэгъуалэ кlэщl гущэр еубыдыр,
"Быдапlэщ" жеlэри ищхьэм унапlэр щиlыгъщ!

Жырамыlэнкlэрэ,
Уойрэ, Андемыркъан гущэмэ и шхыдэщ,
Шхыдэр и бэщэщи езым хуэдэпщхэр лъэщlыскъым!

И джатэ lэпщэри,
Уойрэ, Лъэпщыр зи къан гущэмэ хуехузыр,
И жанырыбзт, Аущыджэрджэм lэ делъэ!

Шухэр зэдилъмэ,
Уойрэ, лъэрытемыт гущэурэ мэщlысыр,
Щlылъэм щынэскlэ Андемыркъаныр пшагъуэ гуэрэну мэув!

Щlылъэ увыгъэм,
Уойрэ, Андемыркъаным, атlэ, зресэ,
Уэр и хьэрхуэрэгъут, чынтыпщуэ щауэр псэхужщ!

И зэхэзежэ,
Уойрэ, Аслъэмбэчыпщ гущэри хохутэ,
Былым итынкlэ, Андемыркъаным нэхъыпэ нарти паущlкъым!

Хъунщlэ къищlынкlэрэ,
Уойрэ, шууищэ пщlондэ гущэри фlэмащlэщ,
Ди Адыгэщlыр Елмырзэ къаным хуэкъуэпхъэщ!

Шэр зэдытрапхъэми,
Уойрэ, и афэ гъуапэ гущэри и мэlут,
Бжыщхьэ зэмыlур лlыхъущхьэ нэкlум и лысщ!

Хуарэ пэнэсри,
Уойрэ, хэщlапlэ хэт гущэмэ хэбгъагъуэщ,
Уэр, и щуlэгъэгъут, Елбичэ гуащэр йогъыхыр!

Джатэр ирихмэ,
Уойрэ, бийм я гущlыlу гущэри и гъуэгут,
Игужьым ихьэмэ, Андемыркъаныр нэбэжэ хабзэурэ мэзеплъэ!

И нэр зытеплъэри,
Уойрэ, Жэманшэрыкъ гущэмэ lэщlыкlкъым,
Бийм ящlэкlиемэ Андемыркъаныр, мэл щтэгъэ хабзэу зэрехуэ!

Езы гущэри тэхъути,
Уойрэ, лlыхъур щэджащэ гущэурэ зи щэгъу,
Ныбжьэгъум и тхьэр Къаниболэтым тикъутэ!

Тхьэкlэ сигъапцlэри,
Уойрэ, щlым и пцlанапlэ гущэмэ сришэщ,
Уэр, сащхьэдишэхри, жылэшхуэ пэкlути сахишэщ!

Сызэхишамэ,
Уойрэ, кхъуэтlыгъэ мащэ гущэри къысхуащlыр,
Лlапlэу къысхуащlым лъэ зэбгъурыткlэ сафlилъэщ!

Си япэмкlэ сыплъэмэ,
Уойрэ, фочауэ лъэс гущэхэр къыщысщ,
Сыкъеплъэкlыжмэ, джатэ кlэщl шухэр къэсащ!

Битуужьри носри,
Уойрэ, и бжыкl къуаншэжь гущэри пыlуидзэщ,
Зыныредзэкl Андемыркъаным, Битум и жакlэр пегъэщ!

Сыпщыгъупщэнкъым жери,
Уойрэ, и lэпхъуамбищ гущэри дигъакlуэщ,
Уэ узэхэзекlуэщ жери, нэкlу и дамыгъэр тридзащ!

Шэрэджыкlэпс жери,
Уойрэ, Хъыукlэ псынэ гущэмэ лъыр хашэ,
Уэр, мы мывэ къуршым Андемыркъаныр lэдэгъумылъэу хагъащlэ!


Къэрдэнгъущ1 Зырамыку еще тексты


Перевод Translate.vc



Другие названия этого текста
  • Кардангушев Зарамук - Андемыркъан и уэрэд [обработка звука adygaabaza.ru] (0)
  • Къэрдэнгъущ1 Зырамыку - Андемыркъан и уэрэд (0)
Видео
Нет видео
-
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 4