Едгъажьэмэ, бэрэ Iумахуэт, Къигъэзэжмэ, ди махуэгъитIт! Ар езыри хэтхэ ящыщ жыфIэмэ - Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт! Сэ зы махуэкIэрэ уэ укъэзгъуэтыжтэмэ, Сабий джанэншэхэм захуэпэжынт!
Зи пщIэгъуалэр къуршыщхьэм щызекIуэ, Зи зекIуапIэри зи гупсысапIэ! Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, - И къуэ закъуэкIэ ди Мыхьэмэтт! Езы Алыхьым сэ укъызитыжтэмэ, Бжьыхьэ жэщ кIыхьыр жеипэ закъуэкIэ уэзгъэкIунт!
Махуэр хъумэ, гъыбзэр соус, Жэщыр хъуамэ, согузэсэж, Ар зи закъуэмэ сытхэр и махуэ, Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэт! Сэ зы махуэкIэрэ уэ укъызитыжтэмэ, Данэху-данапIэу си пIэ щIыжыгъэм ущызгъэжеинт!
Сэ уи унэм сыщIумыгъэсыми, Сэ уи хьэщымэ зыщызгъэлIэнут! Ар езыр хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, - Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьмэтт! Алыхь, алыхь, сэ укъызитыжтэмэ, Данэху-данапIэу си пIэ щIыжыгъэм ущызгъэжеинт!
Брулыжьыр бэрыжьеяфэт, Ар зи афэри бдзапцIэшэ Iунэ? Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, - Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт! Ар зы махуэкIэрэ сэ укъэзгъуэтыжтэмэ, Ди мэжэщIалIэхэм загъэнщIыжынт!
Зи анэжьыр щхьэлъащIэ уэс, Зи щуIэгъри бгъафэ чэсей, Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, - Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт! Сэ зы махуэкIэ уэ укъэзгъуэтыжтэмэ, Добракъыбгъэурэ бжьэубгъэ быдзым ущызгъэжеинт!