Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

BlacKBRo - Къысхуэгъэгъу (КБР-07/Адыгэ рэп) | Текст песни

СыпкIэлъыIэба пэрыIэбапIэ сымыгъуэту
Сыхуеякъым сэ уи жагъуэ сщIыну сыхэнау сетхьэлэ шэдым
Ди зэманыр макIуэ гъащIэ пIарэ пIарэ пэрыуэгъу
Пэрыхьэтыуэ диIар хуэмурэ гу уз мэхъу
Зэгъащ1э си псэ закъуэ зауэм лъагъуныгъэр ток1уэ
Узым си гур илъэхъауэ сезэшауэ гъуэгум сэ сырок1уэ
Нэпсыр къежэхыу сэ уи напэм деж щызолъагъу
Си нэху си IэфI си фо цIыкIу къысхуэгъэгъу
Зэхэзэрыхьа уи гур ухэзэрыхьа си гум
Уэрэ сэрэ дигугъари ди гу илъари тIури зыкъым
Сыдела сыкъуэнша кхъа щIэрыщIу щIэдгъэдзэж
Сыт иIыс къэмыхъуами псори зыщыгъэгъупщэж
ДызэпэщIэкIэтым уэрэ сэрэ дызэфIэкIудынущ
ДызэбгъэдэкIуатэм ди гухэр зэрыгъуэтыжынущ
Мы дунейм узимыIэу сытетыну тыншкъымэ
Лъагъуныгъэ ажалышэ...

Къысхуэгъэгъу сэ уэ фIыуэ узолъагъу
Уэр фIэкI зыми сыхуэме лъагъуныгъэр шэчыгъуейщ си дуней
Укъэслъыхъуэу сезэша... си гур узу сесэжа...
КъызгуроIуэ сыкъуэнша...

СощIэ уи гур зэрыузыр уи гу сыкъызэрыкIыр сощIэ
Зы дакъикъэ къэзмыгъанэу уэ зэхэпщIэр зэхызощIэ
Дапщэрэ сыкъуэншами дапщэрэ умыкъуэншами
Дапщэрэ дымыкIиями дапщэ уэзмыгъэшэчами
Зыуи къысщымыхъуу псори пэрыуэншэ сщIынущ
ГъащIэ къытпэщылъыр дызэгъусэу зыдэтхьынущ
Нэпсыр къежэхыу сэ уи напэм деж щызолъагъу
Си нэху си 1эф1 си фо ц1ык1у къысхуэгъэгъу
Зэхэзэрыхьа уи гур ухэзэрыхьа си гум
Уэрэ сэрэ дигугъари ди гу илъари тIури зыкъым
Усэ хуэду уэ узэзгъэщIауэ фIыуэ узоцIыху
1экIэ укъезыхьэкIыну дахэу сы апхуэдэ цIыхущ
Узыхуер сэрамэ сыхуер уэрамэ
ПсорикIи фIыдыдэ хъунут къысхуэбгъэгъуфамэ
Уи нитIым и дахагъыр си гурылъым имык1ыну
Ухуитщ сыбукIынуми...

.

BlacKBRo еще тексты


Другие названия этого текста
  • BlacKBRo - Къысхуэгъэгъу (КБР-07/Адыгэ рэп) (2)
  • послушай АСЬКА - Къысхуэгъэгъу си псэ (0)
  • BlacKBRo - Къысхуэгъэгъу (0)
Видео
    Нет видео
    -
    Оценка текста
    Статистика страницы на pesni.guru ▼
    Просмотров сегодня: 1