Зэныбжьэгъуищыри джэгум дыздокlуэ,
Дэ дыздэкlуа мыгъуэр нафlырэ ойра.
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей.
Ахъшэкlэ уащэмэ укъэсщэхунти,
Лlыгъэкlэ уатмэ си псэр хэслъхьэнти.
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей.
Гъатхэпэ бзухэм уицlэр къызжаlэ,
Уицlэр къызжаlэмэ си псэр мэлъэтэ.
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей.
Дахэм и набдзэхэм сигур дахьэхыр,
Сигур дахьэхри даурэ бжесlэн сэ?
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей.
Дэ дызтес мыгъуэр адыгэ шагъдий,
Ди гур дгъэтlылъыри, ди нэр дыгъэплъай.
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Сыбгъэунэхъуа мыгъуэй, си дахэкlей.
Узэжьэ щlалэм, узыхуер пхуимыщмэ,
Мы сигу къабзэри лъэмыж пхуэсщlынт сэ.
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей.
Зэныбжьэгъуищыри джэгум дыздокlуэ,
Дыздэкlуа джэгур адыгэ джэгуси.
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Къыздэкlуэ къыздэкlуэ си дахэкlей.
Gökhan Şen (Хэхэс) еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2