Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Ored Recordings - Кхъуэжь Заур, Агуей Наурыз - Хьажырэтхэм ягъыбзэ | Текст песни

ТРАМ И КЪУЭМ И ТХЬЭУСЫХЭ
(Хьэжрэт гъыбзэжь)

1. Къэхьырмэн* гущэм lуащхьэр къеубэри,
Шыбзыбэ гущэм пхъащхьэр пагъэщыр**,
Ар езы гущэр хэтхэ ящыщ жыпlэмэ, уо-уо-уой, зиунагъуэрэ,
Хьэтlохъущокъуэкlэ щlалэ хужь пагуи.
Ежьу: Уана-рира, рирара, уо-уо, райрэ,
Уой, нарира, рирара, райрэ! Уой-уа-райдэрэ, уареда, уа-уай, райдэ!
Уай, дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

2. Мэсейуэ си хьэзыр тlощlыр
фоч гъуэзым къысхуегъэуфlыцl,
Ерыжыбурэ*** си фоч фlыцlэжьыр
джаур сотнэм ятызоунащlэ.
Дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

3. Адрыщlым сызэпрыплъмэ,
ныбжьыщlэри щызэбграш,
Ар фочыпэри уэр щызэхашиекlэ,
уэркъ щауэхэр псэ емыблэжщ.
Дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

4. Шым и фащэм шыбгыр къеухуэ,
Зеухуэри мэзым щlохьэж,
Ар езы гущэри хэтхэ ящыщ жыпlэм,
Трамэ и къуэкlэ Къэрэбатырщ.
Дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

5. Зи шыпхъу хьэдэр зи зэпэбаш****,
Зи къуэш хьэдэр зи щlыбырыхь,
Езыр хэтхэ ящыщ жыпlэм,
Трамэ и къуэкlэ Къэрэбатырщ.
Дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

6. Къэбэрдейм фи щlалэгъуалэр
а махуэм къытхузэрошхыр,
Беслъэнейм фи пщыжь гъэшхар
lуащхьэ къуагъым къытхукъуэвгъэкl.
Дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

7. Къэсейхэ Фатlимэт гуащэм
шэджагъуакlуэ дэ къытхуимыкlу,
Лъэс кlуэнкlэ дызыщlэмыхьэжыр
Нартбейхэ Гуащэхъурейщ.
Дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

*Зэзауэр зэрыхъуа дыдэр зылъэгъуам и цlэ (Вариантхэм: «Уэркъ къилъхуамэ, диlуэтэжынщ» жеlэ).
**Пхъащхьэр пагъэщ – жыг тхьэмпэр пашхыкl.
***Ерыжыб – фоч лlэужьыгъуэщ, зыщlам и цlэкlэ ироджэ.
**** Зэпэбаш – фочыр щытрагъапсэкlэ мыуэщхъун папщlэ фочыпэм щlагъакъуэ баш зэпхаращ.

Ored Recordings еще тексты


Другие названия этого текста
  • Кхъуэжь Заур - Трамэ икъуэм итхьэусыхэ - Кхъуэжь Заур (0)
  • Ored Recordings - Кхъуэжь Заур, Агуей Наурыз - Хьажырэтхэм ягъыбзэ (0)
Видео
Нет видео
-
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2