Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

PLASTIK - Iуащхьэмахуэ и нэпс | Текст песни

Вагъуэ зэшиблыр къытхуэблэу
Тхыдэ гъуэгуанэ ди1ащ.
Зэхэдмыщ1эурэ ди гур дэгу-нэфти,
К1эщ1у пичащ.
Зэманым дек1ур тф1эл1ыф1у
Нэхъыщхьэр тщыгъупщэжащ.
Дяпэ ищахэм щхьэ я псэм бэлыхьыр тетлъхьа?

Псынэпсу мэз лъапэм къыщ1эжыр
Ди бгыжьхэм къехауэ къуршыпсщ,
Уэс хужь гъатхэ дыгъэм дэтк1уж
1уащхьэмахуэ и нэпсщ.

Хабзэр губгъуэжьым къиднащи,
Ц1ыхугъэ нэпц1ыр фэрыщ1щ.
Къулыкъущ1экъухэр я 1улъхьэмрэ мылъкумрэ я унэ1утщ.
Ди дыгъэ-мазэр мэгъуащэ,
Лъэпкъым и вагъуэр ижат
Шы к1апэм к1эрытщ1эу къэтлъэфхэм унафэ щащ1ам!

Псынэпсу мэз лъапэм къыщ1эжыр
Ди бгыжьхэм къехауэ къуршыпсщ,
Уэс хужь гъатхэ дыгъэм дэтк1уж
1уащхьэмахуэ и нэпсщ.

Зэтомыгъащ1эу и дамэм
Уи къуэшым и 1эр убыд.
Лъэпкъым и дамэр мэуз,
Сынолъэ1у... томыуд!
Вагъуэ зэшиблыр къытхуоблэ,
Тэджи гъуэгуанэм пыщэж
Лъэгуажьэмыщхьу ущытмэ уи напэр бощэж.

Псынэпсу мэз лъапэм къыщ1эжыр
Ди бгыжьхэм къехауэ къуршыпсщ,
Уэс хужь гъатхэ дыгъэм дэтк1уж
1уащхьэмахуэ и нэпсщ.

PLASTIK еще тексты


Видео
Нет видео
-
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 3