Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Sәбзәҳ’э ӏемэ - Адәдәд мәғ’э | Текст песни

Уэй си щхьэцыгъуэшхуэри,Нэкъуэлэн, тӏурэ зэризодзэри,
Анынын мыгъуэ, аркъэн зэрыдзакӏэрэ зэстхьэлэжьынущ,
Нэкъуэлэн мыгъуэ, тӏорэ-щэрэ сытелъэдакъэ.
Анынын мыгъуэ, адыдыд мыгъуэ
Тӏорэ-щэрэ сытелъэдакъэ.

Уэй данэ лъэпэдми, Нэкъуэлэн, лъэнкӏапэр еубыдыри,
Анынын мыгъуэ, зи бзэр иубыдынурэ си нысэгъу фӏыцӏэжь мыгъуэм,
Нэкъуэлэн мыгъуэ, шхапӏэм кӏуэри сиӏуэтэжьакъэ,
Аныны мыгъуэ, адыдыд мыгъуэ,
Нэкъуэлэным и лажьэм сехь сэ,

Уэй си кӏэпхын цӏыкӏури, Нэкъуэлэн, къыстокӏэрахъуэри,
Анынын мыгъуэ, сэ сыкӏэрэхъуэжьыурэ сызэплъэкӏыжьыурэ,
Нэкъуэлэн мыгъуэ, уи фызыжьым сыкъыдихуакъэ,
Анынын мыгъуэ, адыдыд мыгъуэ,
Кӏэрахъуэжьыу сыкъыдихуакъэ.

Уэй пщэдджыжь нэмэзыми, Нэкъуэлэн, унафэщӏыр къоджэри,
Анынын мыгъуэ, уи лажьи силажьэкъым щхьэлажьэхъунурэ,
Унафэщӏ мыгъуэ, Нэкъуэлэным и лажьэм сехь сэ,
Аныны мыгъуэ, адыды мыгъуэ,
Нэкъуэлэным и лажьэм сехь сэ.

Уэй уи пыӏэ цӏыкӏури, Нэкъуэлэн, натӏапӏэм тес мыгъуи,
Аныны мыгъуэ, жытӏам дынэмысурэ си псэр хэкӏынумэ,
Нэкъуэлэн мыгъуэ, си гущӏыӏум къыкӏэнур банэщ,
Анынын мыгъуэ, адыдыд мыгъуэ,
Си гущӏыӏум къикӏэнур банэщ.

Анынын мыгъуэ, адыдыд мыгъуэ
Нэкъуэлэным и лажьэм сехь сэ.

Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-