Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

адыгэ - 1уащхьэмахуэ зи лъэгагъым щ1эгъэкъуэн имы1э... | Текст песни

1уащхьэмахуэ

Ипщэк1эрэ соплъэ мыгъуэри Эльбрус солъагъурэ
Ф1ыщэу услъэгъуа мыгъуэти уей Нэкъулэн пф1эсщатэкъэ

Мы1эрысэр мыхъу мыгъуэурэ уей и мэ дахэ мыгъуэр къыпимых
Лъагъуныгъэри гум нэсакъым жып1эу кхъы1э си псэ мыгъуэр сху1уомых

Усымаджэщ жэ1э мыгъуэри сымаджэщым сашэрэ
Сымаджэщымэ сэ сывмышэурэ езыр къафшэ мыгъуи сывгъэлъагъу

Хьэрэкхъуэрэ лъапэ мыгъуэми мывэ сын щыхахырэ
Дунейм ц1ыхуу тет мыгъуэми уей уэ уакъыхэсхатэкъэ

Си дарий шы1эн мыгъуэри уей мамэ къысщ1еупщ1эрэ
Хьэблэр щ1эупщ1ак1уэ мыгъуэурэ ди деж къыщ1эбна мыгъуи

Щихумэ пыту пщ1ащэ ц1ык1ухэри жэщк1э зо1ущащэрэ
Укъызэ1ущащэ зыпщ1ыуэ ди унэкъуэщ къэпша мыгъуи

Данэмрэ дыщэмрэ уей 1ит1к1э зэхызолъхьэрэ
Насып зыхэзылъхьэ мыгъуэ уей кхъы1э т1ури дегъэлъэ1у

Къэнжалыщхьэ унэ мыгъуэри уэшхмэ къегъэпсалъэрэ
Нэкъулэнми зэкъуэ дыдэурэ сэ сопсалъэ жэщк1эрэ

Данэу си лэрыпс мыгъуэри уей ар нызэрощэщырэ
Зэпылъ нэпсыурэ къещэщэхыри зыкъуэ дэхуэ мыгъуэу псышхуэу жэнт

1уащхьэмахуэр зи лъэгагъмэ уей щ1эгъэкъуэн щ1эмыт мыгъуи
Си 1эр си щхьэм щ1ызогъакъуэри мы ди 1уэху мыгъуэм согупсыс


адыгэ еще тексты


Другие названия этого текста
  • Черим Нахушев - 1уащхьэмахуэ (0)
  • адыгэ - 1уащхьэмахуэ зи лъэгагъым щ1эгъэкъуэн имы1э... (0)
Видео
    Нет видео
    -
    Оценка текста
    Статистика страницы на pesni.guru ▼
    Просмотров сегодня: 1