Пщащэм псэк1э сызэхэпщ1эу щытмэ,
Лъагъуныгъэр схуэщ1 уэ нэхъри лъэщ,
Къэлындащ ди вагъуэхэр нурыбэу
Си щыпкъагъэм къытомыхьэ шэч.
Къэлындащ ди вагъуэхэр нурыбэу
Си щыпкъагъэм къытомыхьэ шэч.
Нэхум ныпхуэзгъадэу уи сурэтыр,
Пхузохъумэр гум нэхъ и гъунэгъущ,
Махуэ уейхэм псэр къысхуегъэхуабэр,
Схуэхъу Ларианнэ ину къарууэгъу.
Махуэ уейхэм псэр къысхуегъэхуабэр,
Схуэхъу Ларианнэ ину къарууэгъу.
С1эпыхункъым сэ налкъут-налмэсыр,
Сытетыху Ларианнэ мы дунейм,
Къыпытк1уащи пщащэ гупсэм тыгъэр,
Сэрк1э ар уасэншэщ дахэк1ей.
Къыпытк1уащи пщащэ гупсэм тыгъэр,
Сэрк1э ар уасэншэщ дахэк1ей.
Пщащэм псэк1э сызэхэпщ1эу щытмэ,
Лъагъуныгъэр схуэщ1 уэ нэхъри лъэщ,
Къэлындащ ди вагъуэхэр нурыбэу,
Си щыпкъагъэм къытомыхьэ шэч.
Къэлындащ ди вагъуэхэр нурыбэу,
Си щыпкъагъэм къытомыхьэ шэч.
Адыгэ еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 3