Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Адыгэ уэрэд - Щауэ | Текст песни

Ди щауэм къишауэ, ди гуфlэгъуэр шэщlауэ
lэгур ину мэлъалъэ уей.
Нэчыхьытхыр къэсауэ, нэхъыжьыфlхэр тэджауэ
Нэсыпитlыр зэпащlэ уей.

Ежьу
Фlэт лlагъэу махъсымэр, нэхъыжьхэр мэхъуахъуэ,
Щlалэгъуалэр федаlуэт уей.
Псэр щlэгуфlэр гуфlэгъуэр ди зэхуэдэщ,
Фыкъеблагъэ ди джэгум уей.

Дыгъэр уэгум икlауэ, щlалэгъуалэр къежьауэ
Нысэр унэ ирашэ уей.
Лъапэ махуэ къихьауэ, лабжьэ быдэ щlищlауэ
Тхуэмахуэну сохъуахъуэр уей.

Ежьу

Хьэбли жыли доджэгур, зэlухащи ди жьэгур
Зевгъэlэтыт пшынэбзэм уей.
Къыдашауэ гуащэшхуэр феуэт lэгум жылэшхуэр,
Тхьэм къыпищэ махуэшхуэм уей.

Ежьу

Ди щауэм къишауэ, ди гуфlэгъуэр шэщlауэ
lэгур ину мэлъалъэ уей.
Нэчыхьытхыр къэсауэ, нэхъыжьыфlхэр тэджауэ
Нэсыпитlыр зэпащlэ уей.

Ежьу
Фlэт лlагъэу махъсымэр, нэхъыжьхэр мэхъуахъуэ
Щlалэгъуалэр федаlуэт уей.
Псэр щlэгуфlэр гуфlэгъуэр ди зэхуэдэщ,
Фыкъеблагъэ ди джэгум уей.
Нэхъыжьхэр вгъэлъапlэу, лъэпкъгъэбагъуэ тхуэхъуну
Щlэблэ дахэ фиlэну уей.

Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 3
Видео
Нет видео
-