Диныр динщи мэкlуэдыж ар — жызыlахэр дэнэ кlуэжа?
Динкlэ пашэхэр зэхуахуысри ГПУ-м щаугъуеящ,
lэдэм цlыплърэ Мэзан плъыжьрэ чэбанылъри ирафащ.
Къалэдэсхэмэ зыфlцыхуыжтэмэ ибэ жылэу фыкъэнаи.
Гуэбал и къуэурэ дэ ди Хьудэ, Чэрты и къуэурэ ди Исмел,
Дунеишхуэри къутэжыхукlэрэ фытхэтынуи дигугъаи.
Абрэдж дицlэурэ бгым дыздисым уанэгу щхьэнтэри ди пlэщхьагъщ,
Пlэщхьагъ щабэр зигу пымыкlри азылыхьым бгъэдэкlащ.
Школ жаlэу ирагъащlами розэ дахэхэр щагъэкlащ,
Мэжджыт лъапlэурэ едгъэщlами дэ шыпсыранэр икlэжащ.
Хьэкlырэ и къуэмэ шыгъуэ дахэр чэтмэныщхьэм ныщегъэджэгу,
Чэрты и къуэри къывдэджэгуурэ коммунистхэр фиухаи.
Чэрты и къуэурэ ди Исмелым кlэрахъуэшэр нырегъэлъэлъ,
Пулымотым а къилъэлъа мыгъуэм Хьэкlырэ и къуэр lуигъэкlащ.
Адыгэ уэрэдыжь еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 3