Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Адыгэ уэрэдыжь - МОЯ КРАСАВИЦА муз Х ДУГУЖЕВ | Текст песни

Уджыр ирагъажьэ си гухэлъ къозгъащ1эу
Нэр зыхуэзгъэплъыз си дахэк1ей,
Жэщыр хэк1уэтами мазэр хэк1уэдакъым
Вагъуэ нит1к1э уэ зэ къыдэплъей…

Пшынэ 1эпэр щащэу,пшынэ гъуагъуэр щатэу
Уи 1эм хуэжы1эщ1эу къыдолъей
Си нэм укъеплъак1уэу си гухэлъхэр пщ1атэм
Си псэр псэхужынт си дахэк1ей

Хышхуэ лъагъуныгъэр къэукъубеяуэ
Си гур кхъуафэжьейуэ къырехуэк1
Дуней сызытетыр схуэмыгъэбэяууэ
Уэ сызэрыпщыщ1эр къызе1уэк1

Уджыр уогъэк1ащхъэр си гур зи гъэр пщащэр
Къыпхуэзэш пл1анэпэм уогъэзэж
Уи 1эр соут1ыпщыжыр соплъри умыжыжьэт
Ауэ шэчыгъуейурэ согъэзэш

Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2
Видео
Нет видео
-