Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Адыгэ уэрэдыжь - Пащ1э Б. фыз къызэришар | Текст песни

Сыкъызэралъхурэ, уой лажьэ, тутын семыфэ,
Фадэ сефэн щхьэкlэ, уой лажьэ, жып симыlэбэ.

Дыгъуэн си lуэхуурэ саугъэделэркъым,
Мы зэ делэгъуэми быным сахыумыдз мыгъуэ.

Сигум къыридзэмэ Мэзанхэ сокlуэ,
Мы Гумкъалэжьмэ зыщызогъэлъагъуэ.

Цlыхум сыкъалъагъумэ щlакъуэ зызощlыр,
Си щlакъуэ башри сэ нызэфlызощlэ.

Сигум ислъхьахэр сианэжьым къещlэ,
Борей хьэблэжьмэ щlалэр дэмыс мыгъуэ.

Хъыджэбзу дэсри фызэрызошэ,
Фызэрошажьэри Кlуцэр дывош мыгъуэ.

Сыфкlэлъыдокlри сыфкlэлъокlуатэ,
Сывокlуэталlэри Кlуцэм зызодзыр.

И дэнлъэ матэри хыфlызогъадзэ,
Гъатхэпэ удзхэри къызогъэфыщlыр.

Си къатыр цlыкlур фэ тlуащlэ лъэгу мыгъуэт,
Бэтэгъэжь лъэгуми фызыжь щагъабгэ.

Лъеиншэ ябгэри сэ зэрызимыlэ мыгъуэ,
Шабиихъу цlыкlур сиlэт зы быдзышэ ефа мыгъуэт.

Янэжьым ибгъэр къызэлъыкъуех мыгъуэ,
Шабиихъу цlыкlум и lуэху хэмылъ мыгъуэт.

Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-