Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

адыгэ уэрэдыжь - сэ къыздэк1уэ Назирэт | Текст песни

Сэ нэхъ дахи уэ плъагъунщ,
Уэ нэхъ дахи сэ слъагъунщ,
Дахэ псоми уемыхъуапсэу,
Сэ къыздэкlуэ, Назирэт.
Дахэ псоми уэ уашэнкъым,
Сэ къыздэкlуэ, Назирэт. Лъагъуныгъэри мыдахагъэ,
Лъагъуныгъэри мыlеигъэ,
Нэм фlэдахэр — псэм фlэlэфlи,
Си псэм хуэдэу Назирэт.
Псэм фlэlэфlыр — нэм фlэдахи,
Си псэм хуэдэу Назирэт.

Сыжеямэ узипщlыхьщ,
Сыкъэушмэ си нэгу ущlэтщ,
Узмылъагъумэ махуэр кlыхькъэ,
Сипсэм хуэдэу Назирэт.
Узмылъагъуу схуэмышыlэ,
Сипсэм хуэдэу Назирэт.
Щlалэфl куэди къыплъыхъунщ,
Куэдым куэди къыбжаlэнщ,
Жаlэ псоми уемыдаlуэу,
Сэ къыздэкlуэ, Назирэт.
Жаlэ псоми уэ ухуейкъым,
Сэ къыздэкlуэ, Назирэт.

Синэ сипсэу Назирэт,
Сипсэ закъуэу Назирэт,
Нэгъуэщl щlалэ уэ удэкlуэм —
Гуэныхь къохьыр, Назирэт.
Нэгъуэщl щlалэ удэмыкlуэу,
Сэ къыздэкlуэ, Назирэт.
Сэ нэхъ дахи уэ плъагъунщ,
Уэ нэхъ дахи сэ слъагъунщ,
Дахэ псоми уемыхъуапсэу,
Сэ къыздэкlуэ, Назирэт.
Дахэ псоми уэ уашэнкъым,
Сэ къыздэкlуэ, Назирэт.

Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-