Гъатхэ пшыхь дахэм уэгум ис вагъуэр
Уи нит1ым ещхьу сф1ощ1...
Гъащ1эр согъак1уэр, си гум к1уэ лъагъуэр
Уэ нэрылъагъу пхузощ1,
Бзум я уэрэдыр жыжьэу зэхэсхым,
Уи псалъэмакъыу сф1ощ1...
Дунейм сытетым, узигъусэну
Тхьэлъанэ уэ пхузощ1.
Пщэдджыжь дыгъэпсыр пэшым къыщ1идзэм
укъысхуэгуф1эу сф1ощ1...
Псынэпсу къабзэу гухэлъ пхузи1эм,
уэ уи сурэтыр къощ.
Сыщызэхэпхым къыщ1эдэ1ук1и,
пщымыгъупщэныр зыщ-
Нап1эр зэтесхрэ, узи1эпэгъумэ,
Уэр щхьэк1э си псэр стынщ!
Азамат Беков еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1