Уэрайдэ уафэр щIэкъабзэр
Уэрайдэ дыгъэр щIэбзыгъэр
Уэрайдэ щIылъэр щIэгъагъэр
Си лъагъуыгъуафIэ уэращ.
ПсыIэрышэ гухэлъ пшыналъэ
ЗэIущащэу жаIэ щIэдэIу
Утесшэнут насып щIыналъэ
Гухэлъ закъуэ сыщIэгъэдэIу.
Уэрайдэ пшынэр бзэрабзэу
Уэрайдэ си гур щIэубзэр
Уэрайдэ си псэм къеубзэр
Пщащэ фIэрафIэу уэращ.
Гугъэ дахэм сыхощыпыхь
Гухэлъ дахэ къыпхухызох
Уи хъурыбзэм си цIэр хомых
Щауэ жанхэм сэ сакъыхэх
Уэрайдэ гъащIэр мэпIащIэ
Уэрайдэ мазэр мэкIуащIэ
Уэрайдэ си уэредадэ
Псэм и уэрэдыр уэращ
Къуалэбзухэм гухэлъ дахащэр
Зэпадзыжу нэхур ягъэщ
Пхуезгъэдынщ сэ гуфIэгъуэ фащэ
Жэуапыншэу сигу хомыгъэщI.
Уэрайдэ пшынэр бзэрабзэу
Уэрайдэ сигур щIэубзэр
Уэрайдэ си псэм къеубзэр
Пщащэ фIэрафIэу уэращ.
Гугъэ дахэм сыхощыпыхь
Гухэлъ дахэ къыпхухызох
Уи хъурыбзэм си цIэр хомых
Щауэ жахэм сэ сакъыхэх
Азамат Цавкилов еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1