Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Анзор Хусинов-Азамат Цавкилов - И анэ еплъи ипхъу къашэ | Текст песни

Pesni.guru - сайт для Гуру

Хъуащ си къэшэгъуи, зыбжанэ щlауэ,
Цlыхум хуэмыхьыр ди деж сагъэхь.
Сщlынур сымыщlэу нобэ щыкъуанэ,
Къуажэ фызыжьым саныхоплъыхь.

И анэ еплъу ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж, ей.
И анэ еплъу ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж.

Нанэхэр дыщэщ, дагъуэ ямыlэ,
Укъимыкlуэту малъхъэ захуэщl.
Екъук1э, зэкlужхэщ хуэдэ щымыlэ,
Уи нэр уфlыцlи lэпэ яхуэщl!

И анэ еплъу ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж, ей.
И анэ еплъу ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж.

И анэм ещхьу къэсшащ нысащlэ,
Ныбжьэгъухэм жаlэ: «Къыхиудащ»!
И жьэр зэщlихым зыкъыдегъащlэ,
Жьантlэри пасэу плъапlэ тфlищlащ.

И анэ еплъу ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж, ей.
И анэ еплъу ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж.

Сщlакъэ щхьэгъусэ зыбжанэ щlауэ,
Цlыхум хуэмыхьыр абы сегъэхь!
Ещхькъым нысащlэр зыкlи и анэм,
Уфlэфlыхункlи щlы уэ хэплъыхь!

И анэ еплъу ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж, ей.
И анэ еплъу ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж.(Х3)

И анэ еплъу ипхъу къашэ
И анэ еплъу ипхъу къашэ
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж, ей.


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-