Дыщэблэр дэплъэкl къыщысщlкlэрэ сэрмыгъуэ,
Бзуущхьэу ухызогъэзагъэ.
Пlэщхьагъкlэ зигу мызэгъахэри сэрмыгъуэ,
Дунейкlэ жыхьэнэмэкъэ.
Къайсэрыжьым фи lистасйонми сэрмыгъуэ,
Мэфlэгур щызэрызэрошэр.
Зэпылъу зэрымышахэри сэрмыгъуэ,
Дунейкlэ жыхьэнэмэкъэ.
Жыжьэурэ укъысхуэувурэ сэрмахуэ,
Тэрмэшкlэ укъызопсалъэр.
Гъунэгъуу дызэбгъэпсалъэтэми сэрмыгъуэ,
Ди lуэхухэр къызэфlэкlынут.
Къайсэрыжьым фи фабрикъэжьхэми сэрмыгъуэ,
Щlэкlышхуэр къыщыщlагъэкlыр.
Ди lуэхухэр тхузэфlэзгъэкlми сэрмахуэ,
Ахърэтым и жэнэтыр ейти.
Данэурэ си щхьэцыгъуэшхуэри сэрмыгъуэ,
Пlэ лъапэм щызогъэлъалъэр.
Нэпсурэ къезгъэлъэлъэхыри сэрмахуэ,
Си благъэм фи гуэных щlакъэ.
Данэурэ си щхьэцыгъуэшхуэхри сэрмахуэ,
Мажьэдзэм схузэгуэмихи.
Пхъэхкlэрэ сызыгуэфхынуми сэрмахуэ,
А щlалэр си гум имыкlыну.
Кайсэрыжьым фи уэздыгъэшхуэхэр сэрмахуэ
Нэху дахэу кызыкlэлъыщlонэр,
А щlалэр сигу кыщридзэкlэ сэрмахуэ,
lэл фlыцlэу сыкъызыщlонэр.
Бзэпсурэ си пшынэ фlыцlэри сэрмахуэ
Дыгъэпсым хызогъэпсалъэр,
А щlалъэм зэ сезгъэпсалъэми, сэрмахуэ
Ахърэтым и жэнэтыр ейти.
Мэрашым и данэ lувыри сэрмахуэ
Ер-йей сэ къызолажьэр,
Си ныбжьым къэслъэгъуа лажьэри сэрмахуэ,
А щlалэм сщигъагъупщакъэ.
lэпэщащэу си пшынэ фlыцlэри сэрмахуэ,
Ералахь пхъуантэм щощыгъуэр
Мыдэкlэрэ жэщlищ мэхуищкlэрэ сэрмахуэ,
Си лэгъунэм сыщыщыгъуакъэ.
Ипщэкlэ Къунашей гъуэгури сэрмахуэ,
Пцlэгъуэплъым къызыхеудэр
Ей мыгъуэ сызэгуэмыудурэ сэрмахуэ
А щlалэм сыlувгъэплъэжыт.
Аслан Алоев еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1