Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Аслан Лиев - Адииху | Текст песни и Перевод на русский

lэдииху
Дызэрыцlыкlурэ дызэпылъти, ар си lэдииху (или уой, си lэдииху),
Дызэрыцlыкlурэ фlыу услъагъурт, ар си lэдииху.

И чэзумэ дыщынэсым, ар си lэдииху,
Илъэс пlалъэ къызыботыр, ар си lэдииху.

Илъэс пlалъэ пхузохьэкlыр, ар си lэдииху,
Мазэ пlалъэ къыхогъэкlыр, ар си lэдииху.

Мазэ пlалъэр щыпхуесхьэкlым, ар си lэдииху,
Блыщхьэ пlалъэу къызыботыр, ар си lэдииху.

Блыщхьэ пlалъэр къыщыблагъэм, ар си lэдииху,
Шы къарапцlэр къыщlызошыр, ар си lэдииху.

Саур уанэр къыщlызохыр, ар си lэдииху,
Саур уанэр нытызопlэр, ар си lэдииху.

Сыношэсри сыныдожыр, ар си lэдииху,
Сыныдожри сыножьэжыр, ар си lэдииху.

Фи куабжэшхуэм изохулlэр, ар си lэдииху,
Куабжэр лъагэми изогъалъэр, ар си lэдииху.

Щхьэгъубжэшхуэр къызэlуодзыр, ар си lэдииху,
Мы си шыплlэми удызодзэр, ар си lэдииху.

Дыныдожри дыножьэжыр, ар си lэдииху,
Гъуэгу дымыцlыхумкlэ дунэтlати, ар си lэдииху.

Мэз адакъэр къыхолъэтыр, ар си lэдииху,
Шыр щlолъэтри усфlеукlыр, ар си lэдииху.

Мы жыгыщхьэм утызолъхьэ, ар си lэдииху,
Къуалэбзухэми усфlашхыжи, ар си lэдииху.

Мы жыг лъабжьэм ущlызолъхьэ, ар си lэдииху,
Хъумпlэцlэджхэми усфlашхыжи, ар си lэдииху.

Си гуфlакlэм удызолъхьэ, ар си lэдииху,
Хьэдэ бамэми симыгъакlуэ, ар си lэдииху.

Дэ ди унэ уэ усхьынут, ар си lэдииху,
Хамэ хьэдэр зехьэгъуейщ, ар си lэдииху.

Фэ фи унэ усхьыжынут, ар си lэдииху,
Уи анэ – уи адэр уи хьэрэмщ, ар си lэдииху.

Гъуаплъэ бэни удэслъхьэнут, ар си lэдииху,
Гъуплъэ бэни сэ симыlэ, ар си lэдииху.

Дэнэ, дэнэ уэ усхьыну, ар си lэдииху?
Дэнэ мыгъуэми усхьыжыну, ар си lэдииху?

lэдиихурэ ар езыхьэжьа щlалэмрэ ятеухуауэ lуэрыlуатэм зыри жиlэркъым.1936 гъэм Мэзкуу къыщыдэкlа «Кабардинский фольклор» тхылъым итыр мащlэ дыдэщ. Щlалэмрэ lэдиихурэ я лъагъуныгъэр я lыхьлыхэм ягъэдурыстэкъым, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм ящыщти – щlалэр уэркът, lэдииху къарэхьэлкъыпхъут, – жеlэр. lэдиихур ирихьэжьауэ здэжэм шыр лъапэрапэри хъыджэбзыр къехуэхри иукlащ. Щlалэм гуlэ гъыбзэ иусащ.
Тхылъым апхуэдэу щатха щхьэкlэ, езы уэрэдым lупщlу къыжеlэ «мэз адакъэр къыхэлъэту, шыр щlэлъэту» къызэрехуэхар. Къэзыlуэтэжхэм псэуми жаlэ, ар къыщехуэхам и куэншыбэм (а лъахъэнэм хъыджэбзхэм, я бгыр псыгъуэу щытын щхьэкlэ, къупщхьэ цlыкlу зыкъэум, я пэхэр папцlэу, хъыданым дэдытауэ, абыкlэ ябгхэр щlэкъузауэ япхэу щытащ) хэлъ къупщхьэ папцlэр и гум хэуэжри, абы иукlауэ.
Ауэ зыми къыжиlэфыркъым ар къыщыхъуа щlыпlэр, лъахъэнэр, а щlалэмрэ а хъыджэбзымрэ зыщыщ, зыхуэдэр.

Написал по книге Кардангушева З.П. «Адыгэ уэрэдыжьхэр»
и книге «Народные песни и инструментальные наигрыши адыгов»
под ред. Гиппиуса Е.В. Сохов Мурат

Аслан Лиев еще тексты


Перевод Translate.vc



Видео
Нет видео
-
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 3