Кэвказ мэзыжьым, а маржэ мыгъуэ,
Уэсышхуэр къыщосыр, уей.
А хъыджэбз дахэр, а маржэ мыгъуэ,
Си гущlэм къыносыр, уей.
Ежьу:
Сыкъэфэну сыкъэкlуащ,
Сыджэгуну сыкъэкlуащ,
Сыпсэлъыхъуу сыкъэкlуащ,
Къэсшэну сыкъэкlуащ, уей.
Си пшынэ фlыцlэр, а маржэ мыгъуэ,
lэгур жери мэлъаlуэ, уей.
Мо си ныбжьэгъухэр, а маржэ мыгъуэ,
Джэрур жари мэлъаlуэ, уей.
Ежьу
Си дыжьын къамэр, а маржэ мыгъуэ,
Зыполыдыкlыри, уей.
Зыпэлыдыж гущэр, а маржэ мыгъуэ,
Си дахэ цlыкlуращ, уей.
Ежьу
Аслан Лиев еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1