Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Аслъэн lэсият - Iуащхьэмахуэ (адыгэ уэрод) | Текст песни

Pesni.guru - сайт для Гуру

Iуащхьэмахуэ зи лъэгагъым, уей,
ЩIэгъэкъуэн щIэмытырэ.
Си Iэр си щхьэм щIызогъакъуэри
Мы ди Iуэху мыгъум согупсыс.

Усымаджэщ жаIэ мыгъуэри,
Сымаджэщым сашэрэ.
Сымаджэщым сэ сывмышэурэ
Нэкъулэн къысхуэфшэжи.

Си дарий шхыIэн мыгъуэри, уей,
Мамэ къысщIеупщIэрэ.
Хьэблэр щIэупщIакIуэурэ, уей,
ПIэм сыкъыхэвна мыгъуи.

Си пщыкъуэр къыщIохьэ мыгъуэри, —
УнэхъыфI? — къызжеIэрэ.
Си пщыпхъур къыщIохьэ мыгъуэри
Хъун лъэпкъ къызжимыIэжи.

Си гуащэр къыщIохьэ мыгъуэри, —
Ухъужынщ, — къызжеIэри.
Езыр къыщIохьэж мыгъуэри, уей,
Тэджи кIуэж, — къызжеIэри.

Iуащхьэмахуэ зи лъэгагъым, уей,
ЩIэгъэкъуэн щIэмытырэ.
Си Iэр си щхьэм щIызогъакъуэри
Мы ди Iуэху мыгъум согупсыс.


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-