Сыщытщ. Къэскъым сызыпэплъэр.
Си гупсысэр мэпыlэж.
Жэщыбгщ. Къэскъым сызыпылъыр.
Си гур мэныкъуакъуэр — кlуэж.
Кlуэж — къызжеlэ мазэм щэхуу,
Псы дэущым жеlэ — кlуэж.
Жьыбгъэ мащlэ сэ къысщlихур
Япэм хуэдэу мыгуакlуэж.
Ежьу:
Вагъуэ цlыкlухэм дыхьэшхыжу
Нащхьэ къащlыр — кlуэж, кlуэж, кlуэж.
Пщащэ уэ узыхуэпэжыр
Нэгъуэщl щlалэм мес ешэж.
Жаlэр псоми — кlуэж, кlуэж, кlуэж.
Ауэ сэ зызоlэжьэж.
Жаlэр псоми — кlуэж, кlуэж, кlуэж.
Ауэ сэ зызоlэжьэж.
Кlуэж — жыг пщlащэхэм хъуцацэу
Сфlощl сэр фlэкl lуэху ямыlэж,
Жыг къудамэхэр си щхьэцым
Къопэщэщыр жаlэу кlуэж.
Ежьу
Ежьу
Астемир Апанасов еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 5