Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Бжьамий - Лъагъуныгъэ гъыбзэ | Текст песни

Сэ уэ узэрыслъагъурэ уи мафlэм сэ сесыр
Согъри соукlытlэ, сымыгъщи сызэгуоуд.
Мы дунеижьышхуэм жагъуэгъу щызикуэдщ, сэ си дуней,
Еу мыгъуэ, сыунэхъужа мыгъуи сэ.

Уи шы гъуэжь цlыкlури кlэбзкlэрэ уогъатхъуэр,
Уи лъагъуныгъэми сэ си гъэтхъуа мыгъуи сэ .
Жэгъуагъу зи мащlэм сыту и насыпт, си дахэкlей,
Си гущхьэр къытебэга мыгъуи сэ.

Мо ди lуащхьэжьыми дыгъэр кlэредзэри,
Сигу укъыщыридьэкlэ мафlэр къысщlонэ мыгъуэ сэ,
Лъагъуныгъэ мафlэр сыту къарууфlэ, сэ си дуней,
Яжьэ сыхъури сылъэлъэжа мыгъуи сэ.

Гъатхэм и дахагъэм цlыхупсэр дехьэхыр,
Сэ си псэр дэзыхьэхыр жагъуагъым сфlагъэкlуэдай.
Сызэгуэмыудыпу зэ сыныпlуплъэжтэм, сэ си дуней,
Дуней кlыфlыр нэху къысщыхъунут мыгъуэт сэ.

Бжьамий еще тексты


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
  • Бжьамий - 11 - Лъагъуныгъэ гъыбзэ Бжьамий - 11 - Лъагъуныгъэ гъыбзэ
    Бжьамий - 11 - Лъагъуныгъэ гъыбзэ. AДЫГЭ. SubscribeSubscribedUnsubscribe 9292. Loading... Loading ...