Уэзы МураткIэ зэджэри щIалэ фIыцIэ къуэгъукъэ (уой).
Шы гъурым тесри (уой маржэ) гъусэ пхуэхъункъым (уой).
Гумкъалэ губгъуэми (уой маржэ) Мурат щозауэ (уой).
Зэныбжьэгъу щIалэхэр (уой маржэ) къызэрогъащтэ (уой).
ЩIылъэр къэмыщтэмэ (уой маржэ) Мурат къэщтэнкъым (уой).
Тет пристафри (уой маржэ) Мурат кIэлъопхъуэ (уой).
Бгы пхъуантэ быдэми (уой маржэ) Мурат дохьэжыр (уой).
Уэ уи ижэгъухэри (уой маржэ) жейми къыпхуоскIэ (уой).
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1