Си анэ дыщэ, сэ слъэкIамэ,
Макъамэ гуакIуэр уэ пхуэзгъэпсынт.
Псалъэм нэхъ дахэр сэ згъуэтамэ,
Уэрэд ар хъунти, пхуэзгъэIунт.
IэфIыгъэу гъащ1эм хэлъыр псори,
Зыхуэсхьэсынти, уэ уэстынт.
Зэш къыщыптекIуэм дызэщIыгъумэ,
БыныIэр гуапэу ныбдэслъэнт.
Си анэ дыщэ, сэ слъэкIамэ,
Уи лъагъуэм лыцу сыщыкIынт.
Къуршыпс къиуами, пемыуэфу,
Насыпыр псыдзэу пщ1эзгъэуэнт.
УкъыщытэджкIэ уэ нэмэзу,
Дыгъэр, слъэкIам, хэзгъэжэент
Къаплъэху уэ уи нэр, Iуплъэу гъатхэм,
Дунейр слъэкIам зэзгъэндзэкIынт.
Си анэ дыщэ, сэ слъэкIамэ,
Уи жейм пщIыхьыфIхэр ныхэсшэнт.
Уэ уи гуапагъым, уи щэбагъым
Дунейр слъэк1ам иризгъэнщIынт.
Къысхуиухауэ сиIэ гъащIэр
Ууейм пищэну стын слъэкIынт.
А псори слъэкIми, уэрк1э мащIэщ.
Анэм хуэфащэр хэт лъэкIын?!
Бэкъыжь Иван еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2