Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Владимир Барагунов - Сосрыкъуэ мафlэ къехь | Текст песни и Перевод на русский

Ежъыу: Уойра, уореда!
Уо-уоредэ, уореда!
Армэ, Сосрыкъуапцlэ,

Ежъыу: Уойра, уореда!
Армэ, лlы фlыцlэ гъущlынэ,

Ежъыу: Уо-уойра, уореда!

Мыдэкlэ емынэ шу,
Нарт шухэр мэшэс!
Нарт шухэр щышэсым
Сосрыкъуэ къакlэрыхущ.
Жэщибл-махуибл уаеми...
Уэ, назрищlэкlщ!
Нартыжъхэри игъэпlыщlэщ,
Уэ, езыхэри нызэупщlыжщ:
- Уэ, Имыс, мафlэ уиlэ?
- Уэ, Сосым, мафlэ уиlэ?
- Жьынду Жьакlэ, мафlэ уиlэ?
- Арыкъшу, мафlэ уиlэ?
- Уэзырмэдж, мафlэ уиlэ?
- Насрэн Жьакlэ, мафlэ уиlэ?
- Ашэм икъуэ Ашэмэз,
Мафlэ уиlэ?
- Хъымыщ икъуэ Батэрэз,
Мафlэ уиlэ?
- Албэч икъуэ Тlотlэрэш,
Мафlэ уиlэ?
Нартыдзэгуэ ежьахэм
Мафlэ зиlэ къахэкlкъым!
Анэм и къуитlри тхьэусыхэщ:
Дэри дымыделатэмэ,
Сосрыкъуэ зыхэмытым
Дэри дыкъыдежьэнтэкъым!
Ар жаlэрэ здэпытым...
Сосрыкъуи къэсащ.
- Уэ, Сосрыкъуапцlэ,
Уэ, ди дыщэ лlэужь,
Уэ, ди лlэужьыфl,
Мафlэ щхьа дызэтолlэ!
- Ахьай, сэ сиlэ, - жери,
Мафlэр инуэ къахуищlщ,
Дзэ псори щызэдекlуэм...
Сосрыкъуи къагъэгубжьщ.
Мафlэр зэхидзыжри
Ихьри псыми хидзэжащ.
Уэ, нартыжъхэр мафlэншэуэ къыщынэм...
Мыр етlани къолъэlу:
- Армэ, ди Сосрыкъуэ,
Мыдэ, ди дыщэ лlэужь,
Армэ, ди лlэужьыфl,
Мафlэ уиlэм къытхуэщl! - жари.
- Уащхъуэ къан, симыlэ,
Симыlэми фхуэсщlынщ! - жери,
И Тхъуэжъей зыредзри
Хьэрэмэ lуащхьэ дожей:
Зы чэщанэ къуагуэжъым
lугъуэ тlэкlу кърихууэ
Сосрыкъуи къилъагъури
Лъэс зищlри къекlуащэщ:
Уэ, мыр Инмэ и унэщ,
Ищхьэ-илъэ зэгъэкъуащ,
Мафlэр икум илъыжщ,
Уэ Инри мэжей.
Сосрыкъуи къэкlуэсэжри
Ар, ишми къеупщlыжщ:
- Мырмэ, си Тхъуэжъей ажэ,
Жэрхэри зыщlэмыхьэж.
Мыр Инмэ и унэщ,
Ищхьэ-илъэ зэгъэкъуащ.
Мафlэр икум илъыжщ,
Уэ, Инри мэжей.
Уэ, си Тхъуэжъей ажэ,
Мафlэр сыткlи фlэтхьын? - жи.
- Армэ, Сосрыкъуапцlэ,
Армэ, лlы фlыцlэ гъущlынэ.
Мыдэ, емынэ шу,
Сэ си щlыб къэшэс.
Сэ си шы лъэ макъым,
Хьэ лъэ макъ зезгъэщlынщ.
Сэ си хьэ лъэ макъым
Джэду лъэ макъ зезгъэщlынщ.
Хьэлъэ-фlалъэ зизгъэуэнщи
Зы пхъэ дзакlи къэддыгъунщ.
Сосрыкъуи къошэс,
Мыр, чэщанэми къокlуащэ.
Уэ, и шы лъэ макъым...
Хьэ лъэ макъ зрегъэщl,
Уэ, и хьэ лъэ макъым
Джэду лъэ макъ зрегъэщl.
Хьэлъэ-фlалъэ зырыгъаури
Зы пхъэ дзакlи къадыгъущ.
Жэщибл-махуибл къэжауэ
Зы пхъэ дзакlи къакlэрыхущ.
Инмэ и куафэ трихьэщ,
Уэ, Инри къызыщыущ.
И пхъэ дзакlэхэр къибжмэ -
Зы пхъэ дзакlи къыхуэтщ.
- Си адэр къраухьэкlщ,
Хэтхэ я бзаджэ къызэдыгъу?! - жери.
Зыдэщысым мыхъейуэ
Гъуэгущхьибл къызэпиlэбыхьри -
Жэщибл-махуибл къэжауэ
Сосрыкъуэри къеубыдыж.
- Уэ, нартхэ я щауэ,
Уэ, нартхэ я шу,
Цlынэгуэрэ усшхынкъэ,
Сосрыкъуэ здэщыlэ жумыlэм!
- Сосрыкъуи слъэгъуакъым,
И хъыбари зэхэсхащ.
Здэщыlэ схуэмыщlэ,
Ар зыщlэни щымыlэ!
- Здэщыlэ пхуэмыщlэми
И джэгукlэ сыгъащlэ!
- Айхьай, уэзгъэщlэн! - жери,
Уэ, Инри къришажьэщ.
- Сосрыкъуэ жихуаlэм,
Къапщыкъей лъапэ къагъэуври,
Абрэмывэ кърагъэжэхри,
Натlэпэкlэ пэщlоуэри,
Нэхъ хуабжьыхэуэ дрехуеиж.
- Сэри агуэ сыгъэщl! - жи.
Сосрыкъуи дэжейри,
Абрэмывэ къригъэжэхщ,
Натlэпэкlэ пэщlэуэри,
Нэхъ хуабжьыхэуэ дрихуеижщ.
Пхэ хьэмбытlи къригъауэщ,
Уэ, Инри къызыщыужри:
- Мыри джэгукlэ щlагъуэщ,
Нэхъ щlагъуэ пщlэмэ сыгъащlэ,
Натlэпэ ихъу-ибжь иреху! - жери.
Иныжъри мэтlахъуэ.
Сосрыкъуи тхьэм иукlщ,
Инмэ и укlыкlэ хуэмыщlэ.
- Нэхъ щlагъуи уэзгъэщlэнщ! - жери
Уэ Инри къришажьэщ.
- Сосрыкъуэ жыхуаlэм,
Лъэгуажьэкlэ къагъэтlысри
Шэ хужьгуэ шэ щэщlхэр
Жьэдэз хъуху жьэдадзэ,
Шащхьэр фlегъэныщкlукlри
Шэкlэр къызжьэдедзыж!
- Сэри агуэ сыгъэщl! - жери
Уэ, Иныжъри къэтlысщ.
Ижьэ къригъэущlщ,
Иным зыкъигъэщlейри
Шэ хужьуэ шэ щэщlхэр
Жьэдэз хъуху жьэдидзэщ,
Шащхьэр фlигъэныщкlукlри
Шэкlэр къыжьэдидзыжащ.
- Уэ, нартхэ я щауэ,
Мыри джэгукlэ щlагъуэщ.
lу кlуэцl ихъу-ибжь иреху,
Нэхъ щlагъуэ пщlэми сыгъащlэ!
Сосрыкъуи тхьэм иукlщ,
Инмэ

Владимир Барагунов еще тексты


Перевод Translate.vc



Видео
Нет видео
-
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1