Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Еуаз Зубер - ТIотIэрэш и бжыпэ дыкъуакъуэ | Текст песни и Перевод на русский

ТIотIэрэш и бжыпэ дыкъуакъуэ
(Къэбэрдей)
- Уэ ди ТIотIэрэш,
ТIотIэрэш ябгэ,
Шыбгым щыжадэ,
Домбеякъ зи афэ,
Е зи афэр шабзэ пхымыкI,
Е зи бжыкIыр мыкъутэ,
Зи тажыр щхьэ мэIу,
Зи мэIур хуэш мэскъалищэ.
Нарт щауэу шууищэ пIалъэ,
Уи алъпыжьым техутэ,
Уитышхуэр тхэпсыхэщ:
Хы тIуащIэ къыдэкIри
КIэ закъуэу зырисэри
Псыблаери къытлъихьэщ:
Iэщышхуэр епхъуатэри,
Бгы пхъуантэми дохьэж.
Нарт жылэр дыхасэщ,
Нарт хасэр зэхуэсщ,
Зэхуэсми къапсэлъ:
- Ей нарту ди ТIотIэрэш,
Дзэгъэшынэ шу закъуэ,
Уэ закъуэрщ щхьэкIуейм и
мэIур:
Уэ ди лъэIу уэтхьэлIэщ,
Мы зы лIапIэм дыкъиш,
Уи шабзэшэр мыуэщхъу,
ЛIыхъу Iэбжэм зытхует,
Тхьэгъэлэдж къыугуапэ,
Гуапэ ар тщыхъунт.
- Батэрэз ирекIуэ!
- Батэрэзи щымыIэ.
- Iэпщабгъуэ ирекIуэ.
- Ар зекIуэм къыщытщ.
- Пэныкъуэжь вгъэшэс,
Имысыжьи дыщIывгъу,
Сэ си гугъу къэвмыщI жи!
- Уэ нарту ТIотIэрэш,
ТIотIэрэш лIы ябгэ,
Алъп шыбгым щыщыблэ,
Мы Блаем пэлъэщын
Уэр фIэкIи тхэмыт.
Хьатхут гъуэмылэу,
Шыл тIэкIу гуфIакIэу
Пэныкъуэжь сыт илъэкIын!
Имысыжьщи щымыIэ!
Iэлбэч и къуэу ТIотIэрэш
Иш уанэр тырелъхьэ,
Хьырцыджыр ныщекъуэ,
Афэ зэвыр тырекъуэж.
Бжыпэ закъуэр къыздещтэ,
Хуэш джатэр зэгуещIэ.
ЗэмыщIысу мэшэс,
Хьэсамырыри зыщIегъу.
ГуэрэныбгъукIэ егъазэ
Мазэхэ ныдохьэ,
Хьэрэмэ Iуащхьи нокIуэс.
Псыжь псыхъуи нолъэт.
Талыбыкъуэ ныдохьэ.
Къуэшыхь зэвым щохъыжьэ
Блэжьыр гъуахъуэу къыпопш.
Жьапщэшхуэр къыщIещIэ.
ЩIыгызыр къеублэ;
Блаем щхьибл фIэтщи
Зым мафIэр къегъэс,
Зым псывэр къеутх,
Зым къуиблыр догъуагъуэ,
Зым гъуахъуэр егъэш,
Зым блэшэр къеушт,
Зым пшагъуэр къегъэу;
Зым уэфыр къегъэпхъ.
Ери-ей, ди ТIотIэрэш,
Шыгъуэ тхыпцIэ бланащхьэу
Зы щхьэр уэгум етам
ЩIопщ уэгъуи ныреху,
Хуэш джатэр нырехури
Iэдакъэми щIелъэф,
Лъэрыгъпсыфэм къокIуэт,
МыкъутыкIыри егъэпс,
И мэIупсыр ешэщI.
ЗэмыщIысу мэпкIатэ,
Джатэ гъабзэр неублэ,
Блэм и щхьихыр пегъэщ,
Щхьэ ебланэм щынэсым,
Блэм шэрэзыр къехъущт,
Штауч хъуаскIэр къыхуепхъ;
Ди лIыхъужьыр мэуакъуэ,
Шэрэз дыкъуакъуэр полъэт,
Ар и бжыпэм къещтэж.
Жагъэм тету щхьэм йоуэ,
Блэм и щхьэр Iуепхъуэт.
Пщэм и ныкъуэр хуребзэ,
Блэжьым убзэу къепсэлъ:
- Уей нартыжьу хъыжьэм я
лей,
Лей хъункъым зэ къеуэж!
- Уей блаеу щхьэ къэб,
Зи ныбэжьыр шэдылъэ,
Зи лъэжьыр къуэ утэ,
Си джатэр зэрыуэщ,
- Къеуэ уэ, лIы хахъуэ,
Сэ зы щэху бжесIэнщ!
- А уи бжыпэр пэзакъуэщ,
Бжы дыкъуакъуэр нэхъ
лъэщщ,
Ари Iэщэ пхуэхъунщ.
Си шэрэзу дыкъуакъуэр
Iэ пцIанэу къэпхъуатэ,
Бжыпэ фIэлъхьэу егъэкIу,
А бжыр пIыгъыу дуней псор
Уэ пкIухьами зы бий
Къыппэмылъэщын!
Къеуэ иджы, нартыкъуэ,
Си щхьэ закъуэри пыхыж!
А махуэм ТIотIэрэш
Блэ шэрэзыр Iэ пцIанэу
Къищтэну щыхуекъум,
Блэ шэрэзу дыкъуакъуэр
Шабзэшэу къолъэт,
Джатэпэри ныпех,
И мэIухум зыхесэ,
И псэфылъэм зынедз.
АрщхьэкIэ афэжьым
И пщэпкъыр зэIуопщхьэ,
ЩIыIунащхьэр мэбыдэ,
Дэбэч гъукIи и напэр
АФэ зэвым къетхьэщI.
Абы хэту блэр малIэ,
Нарт лIыхъум шэрэзыр
Зэрани хуэмыхъуж.
Iэ пцIанэу ар къещтэ,
МыкъутыкIым фIегъэс,
Къошэсыжри и шыгъуэм
ФIалъэкъуалэ зыресэ,
Къырыщхьэми долъэт,
Хышхуэм щызоуэ,
Уэ гъуэгуми зырет,
Нарт хэкуми носыж.
А махуэм нарт хасэр
Нарт лIыхъум къыщотхъу.
Хъуэхъубжьэри къырат.
Нартыжьхэм къыжаIэ:
- Ей нарту ТIотIэрэш,
Дзэгъэшынэ шу закъуэ,
Уи бжыпэр дыкъуакъуи,
Ар Iэщэ пхуэхъун? -
ТIотIэрэшыр пхъэшакъуэщ:
Бжы дыкъуакъуэр егэпс,
Псей жыгыжьым хуеутIыпщ,
ЛIищэ IэплIакIуэм зыпхедз,
Мывэ хьэдзэр зэгуепкI,
ЗэгуэкIыпIэм жьэдонэ,
Нартхэр зырегъэплъыж...
Абы лъандэм нарт лъэпкъым
Бжы дыкъуакъуэр къаублэ,
Блаем текIуа лъыхъужьым
ЛIыхъужьыбжьэри лъагэс!

Еуаз Зубер еще тексты


Перевод Translate.vc



Видео
Нет видео
-
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2