Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Жъыу - Согъри соук1ытэ | Текст песни

Лъагъуныгъэм и уэрэд

Сэ уэ узэрыслъагъурэ уи маф1эм сэ сесри
Согъри соук1ыт1э сымыгъши сызэгоуыд
Мы дунеишхуэм жагъуэгъу щызикуэдщ, си дахэк1ей,
Ей мыгъуэ, сыунэхъужа мыгъуи сэ.

Си шагъуэжь ц1ык1ури к1эбзк1эрэ согъатхъуэ
Уи лъагъуныгъэми сэ си гъэтхъуа мыгъуи сэ
Жэгъуагъи зи мащ1эм сыту инасыпт, си дахэк1ей,
Си гущхьэр къытеп1эта мыгъуи сэ.

Мо ди 1уащхьэжьыми дыгъэр к1эредзэри,
Си гу къыщыридьэк1э маф1эр къысщ1онэ мыгъуи сэ,
Лъагъуныгъэ маф1эр сыту къарыуф1э, си дахэк1ей,
Яжьэ сыхъури сылъэлъэжа мыгъуи сэ.

Мо дыгъэ бзийхэри нэм къыщ1оджэгухэри
Джэгум къыхэхьамэ ми си гур схуэмыубыдыж,
Лъагъуныгъэ щэхур, махуэ къысхуэхъунущ, си дахэк1ей,
Ей мыгъуэ схуэмышэчыжын мыгъуи сэ.

Гъатхэм и дахагъэм ц1ыхупсэр дехьэхыр
Сэ си псэр дэзхэхьар, жагъуагъым сф1агъэк1уэдай,
Сызэгуэмудыпу зэ сынып1уплъэжтэм, си дахэк1ей,
Дуней к1ыф1ыр нэху къысщыхъунут мыгъуи сэ.


Жъыу еще тексты


Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 3
Видео
Нет видео
-