Псалъэхэр зейр Бахъуэ БетIалщ
Нарзан къабзэр зи Iуплъэгъуэ,
Нэхущ вагъуэ шыр,
Шэджэмыщхьэ и пщыхьэщхьэу,
УсфIыхохьэ пкъым.
ЩIэтщ си нэгум уи нэкIу дыгъэу
Куэдрэ къысхуепсар.
КъокI, къокI, къокI,
Мэгъагъэ розэ жылэу
Си гум щыхэпсар,
Ленэ дахэкIей,
Дахэ псом я лей,
Ленэ дахэкIей.
Уафэм уеплъмэ, сэ къысфIощIыр
Пшэхэр зэкIэщIэкI,
ПщэдджыжькIэ си лэгъунэм
СщIыгъуу укъыщIэкI,
Уэ си гъащIэм хуэхъуи гъусэ,
Нэху щIы си дунейр,
Уэрщ, уэрщ насып зыдэзгъуэтынур,
Ленэ дахэкIей,
Дахэ псом я лей.
Пшагъуэр губгъуэм щыгъуэлъами,
Си нэр сфIызэпхоплъ,
Уи сурэтщ щыслъагъур дэни,
Пшынэр зи плIэрыхь,
ПщIыхьуэ сиIэр уэ сIыпхащи,
Сэ сиIэжкъым жей,
Уэ, уэ фи къуажэм уримазэщ,
Ленэ дахэкIей,
Дахэ псом я лей.
Сыпхуэхъунущ гъатхэ мазэм
Дыгъэ къуэмыхьэж,
Зи дэкIуэгъуэм зэрихабзэу,
Уи жьэгу пащхьэр хъуэж,
КъызэпшэкIри уи нур уагъэр,
Си пкъыр пщIащ мыхъей,
Уэ, уэ сыхуэшэ насып лъагъуэм,
Ленэ дахэкIей,
Дахэ псом я лей.
Ислам Гуков еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1