Модэ жыжьэу 1уащхьэмахуэ,
Пшэхэр къызэпхощ.
Услъагъуну си мураду,
Ноби сынежьащ.
Си насыпым и лъыхъуак1уэ,
Гъуэгу сытеуващ.
Гъуэгурык1уэу лъагъуныгъэм,
Усэ хуэзусащ.
Припев:............
Бдамэ уи гур къэсхьэхунут,Нап1эр йомыдзэк1.
Си Альбинэ ф1ыгъуэу щы1э,
Пщащэ дыщэ хэк1.
Дунейшхуэр схуримыкъуу сыкъэзыгъэна,
Пщэдджыжьыпэ дыгъэ бзийуэ,
Си гъащ1эм къыхыхьа.
Сэ гухэлъу уэ пхузи1эр,икъук1э гъэщ1эгъуэнщ.
Зэм мы си гум къытоу1э,зэм сырихужьэнщ.
Гухэлъ дахэр жьыбгъэм хуэдэу си псэр къырехьэк1,
Дахэр си гум укъемыуэу жьыбгъэм дыхэгъэк1.
Припев: .........
Жэуапыншэ уэ сумыщ1ыу,
Зэ къызэпсалъэж.
Уи гум илъыр сф1омыгъэпщк1уу,
Зэ къысхуэ1уэтэж.
Уэрэ сэрэ дызэк1уну,
Дахэк1ей къысф1ощ1.
Лъагъуныгъэм и дамыгъэр,
Сэ уэ къыпхузощ1.
ислам шикабахов еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2