Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Ислам Шикабахов - Мазэм хуэзгъадэ | Текст песни

Мазэгъуэ жэщыр гум йодэхащIэ
ПщIыхьым сыхэту сынодэхащIэ
Лъагъуныгъэр пхузоус
Гухэлъ щэхухэр пхузогъэпс.

Мазэм хуэзгъадэу
гущIэм щызгъафIэ
ПщIыхьым ухэтщ, нэгум ущIэтщ
Псэм уриплъапIэу гъащIэр йокIуэкI.

Уи лъагъуныгъэм сегъэубзэрабзэ
Макъамэ дахэу си гум хыхьащ
Гум псэхуыгъуэ иримыту
Лъагъуныгъэм къырехуэкI.

Мазэм хуэзгъадэу
гущIэм щызгъафIэ
ПщIыхьым ухэтщ, нэгум ущIэтщ
Псэм уриплъапIэу гъащIэр йокIуэкI.

Си нэ си псэр птедиящ
МафIэ лыгъэм сыхэбдзащ
Си псэм уэ укъыхыхьащ
Гури псэри сфIэпхьэхуащ

Мазэм хуэзгъадэу
гущIэм щызгъафIэ
ПщIыхьым ухэтщ, нэгум ущIэтщ
Псэм уриплъапIэу гъащIэр йокIуэкI.


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-