Адыгэ лъэпкъым тхэлъ ди хабзэ екlур,
Ди хабзэ дахэр дывгъэхъумэжыт.
Ар къытхуэнащи лъэпкъым ар и напэу,
Си къуэш си шыпхъухэ зедывгъэхьэжыт.
Къэхъуакъым зеи хьэщlэ щыдижагъуэ
Кlэлъызетхьэнущ абы дэ ди хабзэр.
Ар зэхимыщlэу къытхуэпсэлъэжlами
Зыдедгъэкlунущ ауэ демыубзэу.
Зэхедгъэщlэнкъэ хэти дызищlысыр —
Дылъэпкъ лlыгъэншэу дапщэщ щыщыщтари?
Димылъэпкъэгъуу ди хэку дыщэм исым
Унафэ тхуищlу лъэпкъыр демыса жи.
Дыпсэууэ щытмэ лъэпкъыр дызэкъуэту,
Щыlэнкъым зыри дэ къытпэлъэщыну.
Адыгэу щыlэр дызэкъуэувэжмэ
Насыпыншэныр абы деж щыдухынкъэ!
Иуан Владимир еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2