Уэр и пщ1эгъуэлэшхуэри (уэрэдэ-уо) кхъухьышхуэ пхащ1эк1эрэ нытхузэрашэ
(Рэуэуи) и хъэрзынашэм къуэ быдэ щытхыр еубэ.
Уэр мы жылэгъуэбэр зэхуосыр (уэрэдэ-уо) ди Талостэныр ди сэмыржакът
(Рэуэуи) и сэмэркъоум шуу къутыкъуахэр дешыжыр.
Уэр гъусэ шэжынымэ (уэрэдэ-уо) ди Талостэныр хуэ1эзэрт
(Рэуэуи) дзэм янэхъ гуащ1эр и къуэлэкъуитк1эрэ зэхуешэр.
Уэр и шэтыр лъабжьэри (уэрэдэ-уо) борэжьейяпщэм щ1илъэсырт
(Рэуэуи) Бэхъшысэрейр а махуэм къуэпиблът.
Уэр Бэхъшысэрейри (уэрэдэ-уо) а махуэм къупиблт
(Рэу-уи) мы гъущ1 пщэхъуиблыр хъэныжь гъумым жэхэвдзэ!
Уэр хъэныжыурэ ипхъумэ (уэрэда-уо) Къустыхъан дахэрэ
(Рэу-уи) щауэ хэплъыхьти дыщэ тахътэ ищхьэм щогъуэг!
Уэр пщ1эгъулэжьыдзэри (уэрэдэ-уо) хы т1ыуащ1эм ныдошэсык1ыр
Зы сэбэп къыхэмык1ынуми мэзджыт хужьым саф1ек1уэлэнщ - жи1ащ Андемыркъан.
Кардангушев Зарамук еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1