Кавказышхуэ гущэмэ и къуршхэри,
Ежьу: Уо!
Уэр, мы дунеишхуэ гущэмэ и тажи!
Ежьу: Уо!
Тэджэлейхэр ящыгъгуэрэ
Адыгэу исхэр щызокlуэ!
Ежьу: Уо, рирэ-рирэу, рирари!
Тэджэлейхэр ящыгъгуэрэ,
Уар, адыгэу ис гущэхэр щызокlуэ!
Зекlуэлlуэ щауэхэм
Хуарэ lэдэжхэр зэрашэ!
Уар, зекlуэлlуэ щауэхэм,
Уар, хуарэ lэдэж гущэхэр зэрашэ!
Дзэшхуэр зезышэрэм
Вагъуэшхуэ лыдыр и гъуази!
Уар, дзэшхуэр зезышэрэм,
Уой, вагъуэшхуэ лыд гущэхэр и гъуази!
Шу гъуазэ ди lэхэм
Гъуазэпщlэ lыхьэхэр хухахи!
Уар, шу гъуазэу диlэхэм,
Ар, гъуазэпщlэ lыхьэ гущэхэр хухахи!
Хы щlыб къикlауэрэ
Тыркужьхэм я дзэхэм дозауэ!
Уор, хы щlыб къикlауэрэ,
Уар, тыркужьхэм я дзэ гущэмэ дозауэ!
Тыркужь зауэлlхэмэ
Ди ныбэрылъхэр кърадзи!
Уар, тыркужь зауэлlхэмэ,
Уай, ди ныбэрылъ гущэхэр кърадзи!
Сабий кърадзхэри
Тыркужьхэм я хьэхэм ныхуадзи!
Кунижев Хаждал (Къуныжь Хьэждал) еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1