Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Къашыргъэ Мухьэмэд - Адыгэ нысэ | Текст песни

Pesni.guru - сайт для Гуру

Адыгэ пшынэм щ1ыгур къыпэджэмэ,
Уойрэ, нысэ идошэ,
Бжэ1упэ джэгум къуажэр зэхишэмэ,
Хъуэхъубжьэ усэр псэм зэпидзыжмэ,
Адыгэ нысэ унэ идошэ,
Уойрэ, нысэ идошэ.

Ей, жи, адыгэ лъахэ,
Ей, жи, си хабзэ дахэ,
Дарий 1эщхьэху,
Къамэ 1эпщэху,
Нэ ф1ыц1э нэху,
Джэгу, умыпсэху,
Адыгэ нысэ унэ идошэ,
Уойрэ, нысэ идошэ.

Хьэзыр 1упэхуу ди щауэ уардэхэм
Уойрэ, нысэ идошэ,
Ди лъэпкъ гурыщ1эр я уэредадэмэ,
Дыгъэр зэхъуапсэр я дыщэидэмэ,
Адыгэ нысэ унэ идошэ,
Уойрэ, нысэ идошэ.

Ей, жи, адыгэ лъахэ,
Ей, жи, си хабзэ дахэ,
Дарий 1эщхьэху,
Къамэ 1эпщэху,
Нэ ф1ыц1э нэху,
Джэгу, умыпсэху,
Адыгэ нысэ унэ идошэ,
Уойрэ, нысэ идошэ.

Гъатхэм и дахэр унэм къырихьэмэ,
Уойрэ, нысэ идошэ,
Бжьыхьэм и бэвыр жьэгум къыдилъхьэмэ,
Мазэщ1э Къалъхур и нэмыс щыпкъэмэ,
Адыгэ нысэ унэ идошэ,
Уойрэ, нысэ идошэ

Ей, жи, адыгэ лъахэ,
Ей, жи, си хабзэ дахэ,
Дарий 1эщхьэху,
Къамэ 1эпщэху,
Нэ ф1ыц1э нэху,
Джэгу, умыпсэху,
Адыгэ нысэ унэ идошэ,
Уойрэ, нысэ идошэ.

И фоужь матэр дадэ икъутэмэ,
Уойрэ, нысэ идошэ,
Пшэплъыфэ 1упэм хуахьыр фоущхьэмэ,
Ф1ыгъуэ къепхъыхыр уэшхыу къытешхэмэ,
Адыгэ нысэ унэ идошэ,
Уойрэ, нысэ идошэ.

Ей, жи, адыгэ лъахэ,
Ей, жи, си хабзэ дахэ,
Дарий 1эщхьэху,
Къамэ 1эпщэху,
Нэ ф1ыц1э нэху,
Джэгу, умыпсэху,
Адыгэ нысэ унэ идошэ,
Уойрэ, нысэ идошэ.


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-