Хъуащ си къэшэгъуи, зыбжанэ щlауэ,
Цlыхум хуэмыхьыр ди деж сагъэхь.
Сщlынур сымыщlэу нобэ щыкъуанэ,
Къуажэ фызыжьым саныхоплъыхь.
И анэ еплъи ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж, уой.
И анэ еплъи ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж.
Нанэхэр дыщэщ, дагъуэ ямыlэ,
Укъимыкlуэту малъхъэ захуэщl.
Екlухэщ, зэкlужхэщ хуэдэ щымыlэ,
Уи нэр уфlыцlи lэпэ яхуэщl!
И анэм ещхьу къэсшащ нысащlэ,
Ныбжьэгъухэм жаlэ: «Къыхиудащ»!
И жьэр зэщlихым дыкъыхегъащlэ,
Жьантlэри пасэу плъапlэ тфlищlащ.
Ежьу Сщlащ сэ щхьэгъусэ зыбжанэ щlауэ,
Цlыхум хуэмыхьыр абы сегъэхь!
Ещхькъым нысащlэр зыкlи и анэм,
Уфlэфlыхункlи щlы уэ хэплъыхь!
Ежьу Хъуащ си къэшэгъуи, зыбжанэ щlауэ,
Цlыхум хуэмыхьыр ди деж сагъэхь.
Сщlынур сымыщlэу нобэ щыкъуанэ,
Къуажэ фызыжьым саныхоплъыхь.
Къуныжь Хьэждал еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2