Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Къэрдэнгъущ1 Зырамку - Зэхьэджокъуэ Чэрэчанэ и уэрэд | Текст песни

Ядэр Зэхьэджокъуэт,
И къуэри Чэрэчанэ гущэти, уэ, щэджащэт!

Ар езыр щэджащэт,
Ареда, нартхэ я лъагъуэ гущэми, уэ, урокlуэ!

Ядэмэ и унэмэ,
А дуней, хъанышхуэ шу гущэхэри, уэ, щепсыхырт.

Истамбыл къраххэр,
А дуней, щlэмылъэlуххэ гущэуи, уэ, зрат.

Дзэшхуэм уащыхэткlэ,
А дуней, упщlэж и бащэ гущэри, уэ, къыуахьэлlэрт.

Ар бгъэ мэжэщlалlэт,
А дуней, бийхэм я lуащхьэ гущэми, уэ, ноущэ.

Хуарэжьмэ, уэ, уэ, тести,
А дуней, къутас пщlэхэлъ гущэти, уэ, мэдалъэ.

Къуажэм щамылъагъу,
А дуней, мы щlыпlэ жыжьэ гущэми, уэ, щlоупщlэ.

Жанхэр ираупщlэри
Жырмэ къыхапсыхьыкl гущэри, уэ, зи шащхьэ.

Лlыхъумэ я щхьэнэпкъхэр,
А дуней, тхутезыкъутэ гущэри, уэ, зи джатэ.

Зауэшхуэм хокlуатэри,
А дуней, я нэпкъпэпкъ гущэри, уэ, дегъакlуэ.

Хъанмэ деж догъакlуэри
И жьэмэ къыжьэдэкl псо гущэри, уэ, къыхуещlэ.

Зекlуэшхуэри къащl,
А дуней, Лъэпщыр зи къан гущэми, уэ, къеухуэ.

Ар нэбэжэ кlэхухэри,
А дуней, сэгъындакъышэ гущэми, уэ, здешэ.

Къэрдэнгъущ1 Зырамку еще тексты


Видео
Нет видео
-
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1