Зи псалъэ гущэри зищхьэ щымытхъу,
Уэр, зи хабзэм хамэр ехъуапсэ, рэтlэ,
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпlэмэ,
Мыдэкlэ Дзыгъурмэ я Кlашэтэкъэ!
Мы зы гъуэгу гущэмэ игум сынохьэ,
Уей, жыпlэркъэ, сыщхьэхуимыти, атlэ,
Тетыжь бзаджэ гущэмэ къыскlэлъегъапхъэ,
Шу пхъэрыжь куэдымэ пщlантlэр япщитэ, атlэ!
Ныбжьыщlэ гущэуэ къызэзнэкlыгъэмэ,
Сабий бынгуэрэ къыскlэлъыгъыбэмрэ,
Сианэжь гущэуэ къыскlэлъыпыхьэмрэ,
Схуэмыфащэуэ сыкъагъэубзэ, атlэ!
Сэ сощатэри кlыфlым сыхохьэ,
Уей жыпlэркъэ, сыщхьэхуимыти, атlэ,
Схуэмыфащэуэ си lэщэ-фащэр
А махуэмэ сибгым нырахи, атlэ!
Сэ жагъуэгъу гущэуэ сызэхэзыхымэ
"Кlаш" жари сыратхьэлъанэщ, атlэ,
Ныбжьэгъуфl гущэуэ сызэхэзыхымэ
"Кlаш" жари сафlэгуузщ, атlэ!
Уей жыпlэркъэ, сыникlыжынути,
Уайрэ, лъагъуэр имыlэ, рэтlэ,
Мыдэкlэрэ зы лъагъуэ иlэти,
Уей жыпlэркъэ, "хьэхэр" къытожьэ!
Си lуэхум ипэри блэ къуэлэныкlэти,
А махуэм къызэлъыкъуощыр, атlэ,
Си lуэхум икlэри благъуэ lунэщlти,
Уей жыпlэркъэ, зэдокlуэдыжыр.
Хьэдрыхэ гущэу дыгъэр щемыпсым
Сэ сыпсэу гущэу и гъум сыдоплъыр,
Ныбжьэгъуфl гущэуэ къыскlэлъымыплъым
Сэ ситхьэм къахуимыгъэгъуи.
Тхьэзырит гущэмэ емыфыкl узти,
Ажал узкlэрэ сипсэр хэмыкlи, атlэ!
Къэрдэнгъущ1 Зырамыку еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1