Ядэ гущэри Ечэмэзыкъуэ,
И къуэри Жаниболэти.
Ар Жаниболэт гущэмэ и закъуэ,
Уэ, и закъуэ щхьэкlэрэ, закъуащэт.
Рэ, Андолэ гуащэри си егъути,
Зэкъуэ-зэшыбгъури тхьэщишэт.
Уэр, си цей джэхужьри кlэбдзауэт,
Уэр, Жаниболэт гущэр мэуэхъур.
Ай, lэнэр зэрипхъуэ гущэмэ си lэщхьэ,
Уэр, си lэщхьэжьитl гущэри мэпсэхукъэ.
Уэр, Тэмэз и къуищ гущэри си хьэщlэт,
Уэр, си хьэщlэ щхьэкlэ, си щlасэт.
Яш гущэхэр хьэуазэм къегъэгъуи,
Езы гущэхэр хьэщlэщ нэщlыжьым щlогъухьыр.
Къэрдэнгъущ1 Зырамыку еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2