Си нанэу си псэм хуэзгъадэу
Дуней нэсып къызэзыт
Уи гъащ1э гъуэгур уэрэду
Мы щ1ылъэм сэ щызо1эт
ЕЖЬУ:
Си нанэу см дыщэ пшэплъ
Дэхагъэу зи1эр зыхэлъ
Сф1ощ1 анэ псом уралей
Уэрщ зыгъэнэхур дунейр
Уойрэ, уойрэ, уорира, уойрэ,уойрэ,уорира
Си нанэ дыщэ. Си нанэ, синанэ.
Си нанэ дахэ. Си нанэ дыщэ.
2. Мэзэщ1эбзыгъэм дыщэфэу
Къищу солъагъу уи сурэт
Нуру уогъаблэр си уафэр
Сщ1ыгъу гъогуанэ утетщ
ЕЖЬУ:
3. Сыпсэу пы1эщ1э унэм
Силъ уи лъэпагъ сэ къысф1ощ1
Уи жьыгъэ дахэм си нанэ
1эп1л1э гумащ1эу хузощ1
ЕЖЬУ:
4. Уэ гуапэу 1э къыздэплъамэ
Нэхъ ф1ыгъуэ сыхуэмей
Си гъащ1эм и дыщэ дамэ
Куэдрэ схуэпсэу си Дуней.
ЕЖЬУ:
Маремуков Хусейн еще тексты
Другие названия этого текста
- Маремуков Хусейн - Си нанэ дыщэ (1)
- Черим Нахушев - Си Нанэ 2015 (0)
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1