Уи нитI къыщIэплъыр си псэм зэхещIэр
Гур темыгушхуэу хъыринэ йощIэр
Псэр зыхуэгуфIэу си гур зыгъафIэ
КъакIуи утыкум дыкъыздэгъафэ.
И напIэр едзыхауэ дахэцIыкIуу къофэ
Пшынэбзэм къекIуу екIуу дахащэу къофэ
Сыноплъыу согупсыскIэ cэ схужымыIэ
Дахагъыу уэ бдэслъагъур зым хуэзмыгъадэ.
ТIэкIу къысхуэгуфIэ си IуплъэгъуафIэ
Уи кIуэкIэ дахэр нэкIэ согъафIэ
ЗыдыбогъэкIури адыгэ пшынэм
СфIощI ущысщIыну нысэ ди унэм.
И напIэр едзыхауэ дахэцIыкIуу къофэ
Пшынэбзэм декIуу екIуу дахащэу къофэ
Пшынэ бзэрабзэкIэр дохьэри мы си псэм
Еуэ еуэ пшынауэ еуэ лъапэрисэ.
Еуэ лъапэрисе, Еуэ лъапэрисэ, Еуэ лъапэрисэ.
Дэнэ кIуа дэнэ кIуа Iэгур дэнэ кIуа?
ИкIуэта ИкIЭта джэгум икIуэта
Ди пшынауэ Ди пшынауэ Ди пшынауэ
ХЬЕЙХЬА .
Гу ныпщызмыхуэу махуэр хокIуатэ
ПхуэсщIа гухэлъхэр сэ схуэмыIуатэ
ПхуэсIуатэу щытми лейу къомыгъанэ
Щхьэцыгъуэ дахэм зыхэухуанэ.
И напIэр едзыхауэ дахэцIыкIуу къофэ
Пшынэбзэм къекIуу екIуу дахащэу къофэ
Сыноплъыу согупсыскIэ cэ схужымыIэ
Дахагъыу уэ бдэслъагъур зым хуэзмыгъадэ.
Дэнэ кIуа дэнэ кIуа Iэгур дэнэ кIуа?
ИкIуэта ИкIЭта джэгум икIуэта
Дэнэ кIуа дэнэ кIуа Iэгур дэнэ кIуа?
ИкIуэта ИкIЭта джэгум икIуэта.
Мурат Гергов еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2