Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Мурат Гергов - Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ | Текст песни

Псы ежэхым хуэдэу щабэу уэ уи макъ дахэр
Зэхэзмыху дахэ си гур ныкъуэу къысфIощIыр
Зыхуэныкъуэр си гур зэшу ар уэ зы закъуэрщ
Уэ зы закъуэрщ, пщащэ дахэ, гум уриплъапIэщ.
Зыхуэныкъуэр си гур зэшу ар уэ зы закъуэрщ
Уэ зы закъуэрщ, пщащэ дахэ, гум уриплъапIэщ.

Вагъуэр уэгум ижамэ и пIэр къегъанэ,
Сыноплъамэ уэ си дахэ си нэр къыптонэ,
Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
Уэрыншауэ сыпхуэныкъуэу зэшу сыкъонэ.
Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
Уэрыншауэ сыпхуэныкъуэу зэшу сыкъонэ.

Нэ дахитIыр сэ пызощIыр вагъуэбэ мазэм,
Лъагъуныгъэр пхузегъэщIыр гурыщIэ къабзэм
Сэ гухэлъу уэ пхузиIэр хуэдэщ псы нэпсым
УыщызгъафIэу си гум, дахэ, упэсщIыу си псэм.
Сэ гухэлъу уэ пхузиIэр хуэдэщ псы нэпсым
УыщызгъафIэу си гум, дахэ, упэсщIыу си псэм.

Вагъуэр уэгум ижамэ и пIэр къегъанэ,
Сыноплъамэ уэ си дахэ си нэр къыптонэ,
Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
Уэрыншауэ сыпхуэныкъуэу зэшу сыкъонэ.
Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
Уэрыншауэ сыпхуэныкъуэу зэшу сыкъонэ.

Сеплъым уэгум си дахэ...
Сеплъым уэгум си дахэ уэ зыр укъощыр
Сыпхуэныкъуэу согупсысэу нэху уригъащэ
Зызгъэлъагъуи уэ си дахэ щхьэгъусэ пэжу
ГъащIэ гъуэгум дыригъакIуэ сыкъэбгъэпэжу.
Зызгъэлъагъуи уэ си дахэ щхьэгъусэ пэжу
ГъащIэ гъуэгум дыригъакIуэ сыкъэбгъэпэжу.

Вагъуэр уэгум ижамэ и пIэр къегъанэ,
Сыноплъамэ уэ си дахэ си нэр къыптонэ,
Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
Уэрыншауэ сыпхуэныкъуэу зэшу сыкъонэ.
Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
Уэрыншауэ сыпхуэныкъуэу зэшу сыкъонэ.

Хьэйнэнэринайнэ ущIемыгъуэж
Хьэйнэнэринайнэ сыкъэгъэпэж
Хьэйнэнэринайнэ си дахэкIей
Хьэйнэнэринайнэ псоми я лей
Хьэйнэнэринайнэ си дахэкIей
Хьэйнэнэринайнэ псоми я лей.

Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Популярное сейчас
Видео
  • Артур Дышеков- Нэ ф1ыц1э Артур Дышеков- Нэ ф1ыц1э
    Мурат Гергов на Черкесском(кабардинском,адыгейском) - Duration: ... Jarija ( Мурат Джэрыджэ) - Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу ...