Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Мурат Хапсироков - 1уащхьэмахуэ (Музыкаюга.ру) | Текст песни


lуащхьэмахуэ зи лъэгагъым, уей,
Щlэгъэкъуэн щlэмытырэ.
Си lэр си щхьэм щlызогъакъуэри
Мы ди lуэху мыгъум согупсыс.
Усымаджэщ жаlэ мыгъуэри,
Сымаджэщым сашэрэ.
Сымаджэщым сэ сывмышэурэ
Нэкъулэн къысхуэфшэжи.
Си дарий шхыlэн мыгъуэри, уей,
Мамэ къысщlеупщlэрэ.
Хьэблэр щlэупщlакlуэурэ, уей,
Пlэм сыкъыхэвна мыгъуи.
Си пщыкъуэр къыщlохьэ мыгъуэри, —
Унэхъыфl? — къызжеlэрэ.
Си пщыпхъур къыщlохьэ мыгъуэри
Хъун лъэпкъ къызжимыlэжи.
Си гуащэр къыщlохьэ мыгъуэри, —
Ухъужынщ, — къызжеlэри.
Езыр къыщlохьэж мыгъуэри, уей,
Тэджи кlуэж, — къызжеlэри.
lуащхьэмахуэ зи лъэгагъым, уей,
Щlэгъэкъуэн щlэмытырэ.
Си lэр си щхьэм щlызогъакъуэри
Мы ди lуэху мыгъум согупсыс.

Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-