Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Нэхущ Чэрим - Алий и гъыбзэ | Текст песни

Алийм и анэр, Алийм и анэр
уей, дуней, хуабжьурэ магъыр.
СыткIэрэ мыгъынырэ, Алийм и кIуэцIым
къамэ фIыцIэр щагъэджэгуащ.

Ныжэбэ жэщым, Алий, ныжэбэ жэщым
уой, Алий, хьэхэр мэбанэри.
Уэр къэдзыгъуэ банэр сигум ар къыхоуэр,
Алий, уызимыIэжыр уэ.

Пшэгум ар итыурэ дамэр зытетым
И дамэм а дэнлъэч хузощIэри
ЩымыIэр къигъэсыурэ,
щыIэр зыгъафIэм,
Алий, усфигъэкъай уэ.

Уи пыIэ гъуабжэр, Алий, уи пыIэ гъуабжэр
уой, Алий, сом щищ иуасэти.
Жэщ мазэгъуэ дахэм
Iэщым ар сыщыкIуэжым
Хьэбаныжьым зебгъэукIай уэ.

Уи къамэ цIыкIур, Алий, уи къамэ цIыкIур
уой, Алий, дыгъэм полыдри.
Къущхьэхъу удзыпцIэмэ
Алиймэ и хьэдэр
уей, дахащIыурэ къыполыдыкIыр.

Мо джэрпэджэжым, Алий, мо джэрпэджэжым
уой, Алий, уеджэмэ къоджэжри.
Алий жаIэу къаджэмэ си Алий цIыкIури
дэнэ мыгъуэмэ уэ къисхьыжыну?

Уи батырбакъым, Алий, уи батырбакъым
уой, Алий, дыжьын схуэжати.
Зи цIэр жэрейурэ
уи шы гъуабжэ джэгур
Нарцанэ бэзэрым щащэ.


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2
Видео
  • Алий и гъыбзэ Нэхущ Чэрим Алий и гъыбзэ Нэхущ Чэрим
    Алий и гъыбзэ Нэхущ Чэрим ... Нэхущ Черим - Уи пщэдджыжь фIыуэ. ... Шикабахов Ислам-Алий и гъыбзэ (Адыгэ Уэрэдыжь)(Науркан ...
  • Нэхущ Чэрим - Алий и гъыбзэ Нэхущ Чэрим - Алий и гъыбзэ
    Video from the archives of TV - Kabardino - Balkaria, 1989 www.facebook.com/ NahushCherim ...
  • Нэхущ Черим - Адыгэй Нэхущ Черим - Адыгэй
    "Пусть говорят" Запрещённый к показу выпуск 18+ - Duration: 51:46. by hmaks1337 3,569,982 views. 51:46. Нэхущ Чэрим ...
  • Проект "Уэрэдыжь" Проект "Уэрэдыжь"
    Up next. Шикабахов Ислам-Алий и гъыбзэ (Адыгэ Уэрэдыжь)(Науркан Битоков) - Duration: 2:57. by Альберт Теуников 9,528 views. 2:57 ...