Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Нэхущ Чэрим - Бжьыхьэ гъуэплъым псалъэу къыхэсха | Текст песни

Бжьыхьэ гъуэплъым псалъэу къыхэсхар
Си гур пхузэlусхри къыдэсха.
Жэщыр сэ щlэзмыгъэжейр
Уэркlэ щэхукъым, дахэкlей,
Ауэ сщощl зэшыгъуэ мы дунейр.

Мазэм бзийкlэ щlылъэр зэхетхыхь,
Вагъуэхэм фи пщlантlэр зыпаплъыхь.
Си гупсысэр хъуауэ пщтыр
Уи щхьэгъубжэм сыриплъырщ,
Ди зэхуакуми жэщыр щымамырщ.

Пlалъэу къызэптари блэкlуэтащ,
Нэкlэ уи бжэм усэ нытестхащ.
Сэ къызэджэу щытыгъа
Уи пщынэбзэр щхьэ кlуэда,
Е нэгъуэщl пшынэбзэм уихьэха?

Нэхущ бзум и макъыр жыжьэу къоlу,
Гугъэр уи щхьэгъубжэм нысфlоуlу.
Си псэр тlыгъуэу унэм щlэлъщ,
Гухэлъ дахэр си нэм щlэтщ,
Сэр нэмыщl уи жейм щыбгъафlэр хэт?

Другие названия этого текста
  • Нэхущ Чэрим - Бжьыхьэ гъуэплъым псалъэу къыхэсха (0)
  • Черим Нахушев - Бжьыхьэ гъуэплъ (0)
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-