Сэ ныщхьэбэ уэ сыпщ1огупсысыр
КъыскIэрыхъыжьащ зы гукъэкIыж.
Укъалъыхъуэу си нэхэр мэплъызыр
Гуми Iэпыхуари къещыпыж
Сэ уи цIэ къудейри къысхуэщIэжкъым
Ди зэхуэзи ди зэпсалъи кIэщIт
Лъагъуныгъэ сщ1ауи сигугъэжкъым,
Ауэ сыту лъагъуныгъэм ещхь..
Си нэм къыщIохьэжыр пшауэпшагъуэу
Дунейр зыгъэнэхуу нэ къабзитI
Жэщым къыхэщ мазэу напэ щIагъуэу
Си пщэм ешэкIауэ Iэ хужьитI
Гъэхэр пIащIэу жыжьэ гуэрым макIуэ
Дунейр зыгъэнэхур ахэращ
Удз гъэгъа дахащэм и мэ гуакIуэу
Уэ зэгуэр зэманым успIихащ
Нэхущ Чэрим еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1