Жьыгъэр псоми къытпэщылъщ,
И lэмыщlэм хэти дилъщ,
Ди гум илъу къыдохьэкl,
Жьым щlалэгъуэр зырехъуэкl.
Ежьу:
Щlалэгъуалэм сыволъэlу,
Цlыхухэм псоми сыволъэlу,
Жьы хъуа цlыхур фlыуэ флъагъу,
Жьым фымыщl и жагъуэ.
Маржэ, цlыхухэм сыволъэlу,
Жьым фымыщl и жагъуэ.
Уэ ухуеймэ пщlэ-нэмыс
Жьы хъуа цlыхум хуэщl нэмыс,
Жиlэ псалъэм егупсыс,
Абы, маржэ, къыхэх дерс.
Ежьу
Псалъэ lэфlым лъэр щlегъэкl,
Гум илъ бампlэр щхьэщегъэкl.
Жьым уемыуэ, маржэ, игу
Зэпыбупщlу уэ и гъуэгу.
Ежьу
Жьыгъэм уещlыр тэмакъкlэщ,
Жьы хъуа цlыхум и гур хощl,
И гурыщlэр lэфlыщlоху,
Мыхьэнэншэр жагъуэ щохъу.
Ежьу
Жьыгъэм зыри lэщlэмыкl ―
Жыги цlыхуи ирещlыкl.
Жьыгъэм цlыхур догулэз,
Хэтми сытми ар къоуз.
Ежьу
Жьыгъэм хэлъкъым зыхэгъэж,
Зыхулъэкlми къыщхьэмыж,
Фыгъуэижи зыхэмылъ,
Е нэлейкlи зым емыплъ.
Нэхущ Чэрим еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2